Адыгэ бзылъхугъэм и щапхъэ

Адыгэ бзылъхугъэр анэ гумащIэм, унэгуащэ щыпкъэм, бзылъхугъэ Iэ­пэ­Iэсэм, Iущым, гуапэм и щапхъэщ. Ап­хуэдэщ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, лъэпкъ фащэхэр къэзыгъэщIэрэщIэж дизайнер цIэрыIуэ, АР-м и ТхакIуэхэм я союзым хэт усакIуэ Бэджокъуэ Бэлэ. 

Бэджокъуэ Бэлэ Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ щыщщ. Къалэм щиIэ хэщIапIэм лъэпкъ дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмрэ зыхилъхьа, адыгэ идэхэмрэ уагъэхэмрэ хиухуанэурэ игъэдэха иджы­рей лъэпкъ фащэ дахэхэм къадэкIуэу (зэманым къызэригъэувымрэ цIыхухэм я щIэупщIэмрэ къилъытэу, фэилъхьэгъуэм и пасэрей щIыкIэр IэщIыб ищIын хуей ­мэхъу), ныпхэр, дамыгъэхэр, цIыхубзхэм ­къагъэсэбэп хьэпшып зэмылIэужьы­гъуэхэр, саугъэт цIыкIухэр щегъэхьэзыр, Iупхъуэхэр щед. 
Экономикэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтами, Бэлэ гукIи псэкIи зыхуэпабгъэр лъэпкъ щэнхабзэмрэ адыгэ литературэмрэ хэлъхьэныгъэ хуэщIынырт. Аращ балигъыпIэ имыувауэ дэзыхьэха IэрыщI гъуазджэм и щэхухэм зыхигъэгъуэзэну и жэрдэму, модельер-конструктор IэщIагъэр щIызригъэгъуэтыжам и щхьэусы­гъуэри. Бэджокъуэр иджыри пасэу, курыт еджапIэм щыщIэса зэманым, усэ тхынми дихьэхащ. Абы лъандэрэ бзылъхугъэм  усэ купщIафIэ куэд и къалэмыпэм къы­щIэ­кIащ. Ахэр нэхъыбэу ятеухуащ и лъэп­къэгъухэм, абыхэм ижь лъандэрэ къадекIуэкI хабзэ дахэхэм, адыгэ щIыналъэм, лъагъуныгъэм.
Налшык къалэм и «Акрополь» нэгу­зыу­жьыпIэм 2017 гъэм утыку къыщрахьауэ щытащ «Принт Центр» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Антология женской поэзии» тхылъыр. Бзылъхугъэ усакIуэхэу Къудей Фаридэ, Мэржэхъу ФатIимэ, ХьэщIэлI ­Заирэ, Бэджокъуэ Бэлэ сымэ я усэ итщ абы. Бэллэ и усэхэр нэхъапэIуэкIэ газет, журнал напэкIуэцIхэмкIэ цIыхухэм ялъэ­Iэсащ. Абыхэм зыхэзыгъэгъуэзэну гупыж зыщIхэм ахэр къыщагъуэтынущ Интер­нетым щиIэ Стихи.ру напэкIуэцIым. 
Бэджокъуэ Бэлэ Налшык щыщ сурэттеххэу Тхьэкъуахъуэ Артуррэ Ардавэ Тамарэрэ и дэIэпыкъуэгъуу, 2017 гъэм накъыгъэм и 21-м къызэригъэпэщащ «XXI лIэщIыгъуэм и адыгэ пщащэ» проектыр. Абы щIэдзапIэ хуэхъуащ Бэлэ ида лъэпкъ фащэхэр щызэхуэхьэса «Черкешенка» выставкэм хыхьэу, ахэр зи IэпкълъэпкъкIи утыку итыкIэкIи зэкIуж пщащэхэм Налшык зэрыщагъэлъэгъуар икIи къалэм и щIыпIэ дахэхэм сурэтхэр зэрыщытрахар. «Нарт Хэку» ЩIалэгъуалэ Хасэм Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу Налшык, Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм, илъэсищ ипэкIэ щригъэкIуэкIа «Фащэ гъэфIэж» щэнхабзэ Iуэхум хыхьэу, Бэджокъуэ Бэлэ и Iэдакъэ къыщIэкIа лъэпкъ ­фащэ дахэхэр пщащэхэм ягъэлъэгъуащ. Адыгэм и зыIыгъыкIэр, хьэл-щэныр зы­хэлъ а фэилъхьэгъуэхэм еплъыну зи насып къикIахэр фащэр зыщатIэгъэну ­дезыгъэхьэхт икIи нэр зыгъэгуфIэт а зэхыхьэр. 
- ЗэIущIэр зи жэрдэм «Нарт Хэку» ЩIалэгъуалэ Хасэм фIыщIэ хуэфащэщ. Абы кърихьэлIахэм фэилъхьэгъуэхэр хуабжьу ягу зэрырихьам ди гур хигъэхъуащ. Iэпкълъэпкъым хуэщIа адыгэ фащэм пщащэхэр зэрагъэдэхар къэIуэтэгъуейщ. Ар лъэпкъ фащэм и щIэупщIэм хэзыгъахъуэ, щэнхабзэм зезыгъэужь Iуэху дахэщ. Къы­дэхъулIэмэ, апхуэдэ пшыхь купщIафIэ иджыри Мейкъуапэ, Черкесск, Налшык къа­лэхэм къыщызэдгъэпэщыну ди мурадщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и дизайнер Iэзэхэри, цIыхубз IэпщIэлъапщIэхэри а зэхыхьэм къызэреблэгъар гуапэщ. Зэ­рытщIэщи, IэпщIэлъапщIэхэр зэпымыууэ щIэ гуэр долъыхъуэ, ипэкIэ доплъэ, зыгуэрхэр къыдогупсыс. Ди IэщIагъэм теу­хуауэ дызэчэнджэщыну ар IэмалыфIт. Къызэдгъэпэщыну ди мурадщ адыгэ щэнхабзэм и зэгухьэныгъэ. Ар къыдэхъулIэмэ, Iуэху щхьэпэхэр тхуегъэкIуэкIынут, - жеIэ Бэджокъуэм. 
Мейкъуапэ щекIуэкI адыгэ щэнхабзэ фестивалхэмрэ гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ къадэкIуэу, Бэлэ и IэрыкIхэр щегъэлъа­гъуэ Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, Москва, Санкт-Петербург къалэ­хэм къыщызэрагъэпэщ щэнхабзэ Iуэху ­гуапэхэм. Бзылъхугъэ IэпэIэсэм и Iэдакъэ къыщIэкIа адыгэ фащэхэр дунейпсо ­утыкухэми щигъэлъэгъуащ, и лэжьыгъэ­хэм щIэупщIэрэ ехъулIэныгъэрэ яIэрэ паши щыхъуу. 
Бэлэ зи ужь ихьэ Iуэху дахэхэм, лэжьыгъэ щхьэпэхэм хуэзыгъэушыр, дэрэжэ­гъуэ къезытыр фIыуэ илъагъу адыгэ лъэпкъырщ. IэрыщI гъуазджэм теухуа щIэ­ныгъэр зэрыгъунапкъэншэрщ Бэджокъуэм еш имыщIэу и зэфIэкIым щIыхи­гъахъуэр, щIэ къыщIигупсысыр. Абы щIэб­лэр къыхуреджэ а IэщIагъэ дахэр ипэкIэ ягъэкIуэтэну, ди фащэ дахэр щIалэхэми хъыджэбзхэми къыздезэгъым щы­щатIэгъэну. 
Адыгэ бзылъхугъэм и щапхъэ Бэджо­къуэ Бэлэ и IэрыкIхэми усэхэми псэгъэгуфIэ-дахагъэ зэрахэплъагъуэр гур хэзы­гъахъуэщ икIи гуапэщ. Апхуэдэхэм фIы­щIэ яхуэфащэщ я IэщIагъэмрэ щIэ­ныгъэмрэ лъэпкъым и щэнхабзэм, ли­те­ратурэм, гъуазджэм я зыужьыныгъэм зэ­рыхуагъэлажьэм папщIэ. 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: