Илъэсыр текIуэныгъэкIэ зэхуащI

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу мэрем блэкIам «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъащ Новороссийск и «Черноморец»-р.

Мы илъэсым къриубыдэу ирагъэкIуэкI иужьрей зэIущIэр хьэщIэхэм жыджэру къыщIадзащ. Джэгум зэрыщIидзэрэ куэд дэмыкIыу ди штрафнойм пэмыжыжьэу Ольмезовым хабзэр къызэпиудащ. Абы къыпэкIуэу «Спартак-Налшыкым» и футболистым судьям дагъуэ къыхуищIащ икIи «Черноморец»-р штрафнойм къеуэну хуит ищIащ. Хэгъэрейхэм ягъэува «блыным» пхрылъэта топым Антиповым къригъэгъэзащ.

Зэман куэд дэмыкIыу налшыкдэсхэм джэгукIэм и щытыкIэр зэпIэзэрыт ящIыжащ. Апхуэдэу, ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм хэту топыр къызыIэрыхьа Черткоевыр штрафнойм щихьэм ар зыIэщIигъэкIащ. КъыкIэлъыкIуэу бжыгъэр къызэIуихыну IэмалыфI дыдэ иIащ Хьэшырым. Гъуащхьэтетым къыпекIуэкIри, ар лъэщу еуат, арщхьэкIэ гъуэм дыхьэ топым хьэщIэхэм я гъуащхьэхъумэхэм ящыщ зым къригъэгъэзащ.

Джэгум хухаха зэманым щыщу сыхьэт ныкъуэ хуэдиз дэкIауэ «Черноморец»-м къызэригъэпэща контратакэм хэту хьэщIэхэм Антиповым и гъуэм топ дагъэкIащ, арщхьэкIэ ар хабзэм къемызэгъыу дагъэкIауэ къэзылъыта судьям хибжакъым.

Налшыкдэсхэр щIэх-щIэхыурэ ипэкIэ кIуатэрт. Ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм хэту ипэкIэ кIуатэ Жангуразовым иIыгъ топыр Бэчбом хуигъэжащ. Иужьрейр зыIэщIэкI «Черноморец»-м и гъуащхьэхъумэм хабзэр къызэпиуду фIэкIа ар къыхуэгъэувыIакъым - пенальти. Ар Iэзэу игъэзэщIащ ЛIупым - 1:0.

ЗэIущIэм и япэ Iыхьэм и иужьрей дакъикъэхэм гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIа Сындыкур зэуа топыр гъуэм щхьэпрылъэтащ.

ЕтIуанэ Iыхьэр щIидзэжа нэужь «Спартак-Налшыкым» и ебгъэрыкIуэныгъэхэм пищащ. Штрафнойм щихьэм топыр къызыIэрыхьа Хьэшыр Алан хьэщIэхэм я гъуащхьэхъумэхэм къапекIуэкIри, гъуащхьэтетым хуэзанщIэ хъуащ. Абы щыбгъэдыхьэм ди щIалэр лъэщу топым еуащ, арщхьэкIэ гъуэм щхьэпрылъэтащ. Куэд дэмыкIыу Дэхъум топыр хуигъэжащ штрафнойм ихьэ Черткоевым. Дато ар Бэчбом и лъэныкъуэмкIэ къыхитэжащ, арщхьэкIэ иужьрейр щхьэкIэ зэуа топыр штангэм блэлъэтащ.

2021 - 2022 лъэхъэнэм хыхьэу мы гъэм къриубыдэу ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм очко 26-рэ къыщахьауэ, турнир таблицэм и еянэ увыпIэм зыщигъэбыдауэ «Спартак-Налшыкыр» зыгъэпсэхугъуэ зэманым техьащ.

КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» ЕсэнтIыгу щригъэкIуэкIынущ. 2022 гъэм и гъатхэпэм и 7-м ар IущIэнущ абы и «ЕсэнтIыгу»-м.

ЖЫЛАСЭ Замир.
Поделиться: