Монти и хъуэпсапIэр

Монти зи цIэ щIалэ цIыкIурщ мы хъыбарыр зытеухуар. Абы и ныбжьыр илъэс 16-м иту, курыт еджапIэм сочиненэ щитхауэ щытащ. ЕгъэджакIуэм унэ лэжьыгъэу къаритат балигъ хъумэ, зэрыпсэуну щIыкIэм, я хъуэпсапIэхэм тетхыхьыну. Монти куэдрэ егупсысащ абы, икIи зэритхыну щIыкIэр иубзыхуу щIидзащ. Ранчо иIэну хуейт щIалэ цIыкIур. ТхылъымпIэ напипщI къритхэкIащ абы, акро 400 зыубыд щIы IэнэщIым былым, шы зэрыщигъэхъунур, хадэхэкI зэрищIэнур, мэкъуэмэшым зэрелэжьынур иту. Уеблэмэ фут зэбгъузэнатIэ 4000 хъу унэм и проектыр зыхуэдэнум тетхыхьат. ЕтIуанэ махуэм щIалэ цIыкIум и сочиненэр егъэджакIуэм хуихьащ.

Махуищ дэкIауэ Монти и сочиненэр къратыжащ, шэкъэ плъыжькIэ «2» итрэ, «дерс нэужьым къанэ» кIэщIэтхауэ.

Дерсхэр иуха нэужь, щIалэ цIыкIур егъэджакIуэм зыхуигъэзащ и сочиненэм щхьэкIэ «2» щIыхуигъэувам и щхьэусыгъуэр къыжриIэну.

- ЩIыпхуэзгъэувар апхуэдэ хъуэпсапIэ инхэр уиIэн зэрыхуэмейрщ. Апхуэдэ ранчо пщIын щхьэкIэ ахъшэ куэдыщэ ухуейщ. Уэ уи унагъуэм бгъэдэлъ апхуэдэ мылъку? Унагъуэ къулейсызщ уэ укъызыхэкIар. Зэи пхузэфIэкIынукъым апхуэдэ ранчо бухуэну. Уи хъуэпсапIэр нэхуапIэ зэи хъунукъым. Унэм кIуэжи, нэхъ къохъулIэнкIэ хъуну хъуэпсапIэ гуэр тхыи, оценкэ тэмэм пхуэзгъэувынщ, - жиIащ егъэджакIуэм.

ЩIалэ цIыкIур унэм кIуэжри и адэм ечэнджэщащ. Мыращ жэуапу адэм къритар: «Си щIалэ, сэ зыкIи сэбэп сыпхуэхъуфынукъым. ХъуэпсапIэр зейр уэращ, ар зыIэрыбгъэхьэным иужь итын хуейри уэращ. Уи сочиненэм епщIэнум уэ егупсыси, зэрынэхъыфIым хуэдэу щIы».

Монти тхьэмахуэкIэ егупсысащ ищIэнум. ИтIанэ итха сочиненэр къищтэри егъэджакIуэм деж щIыхьащ: «Уи «2»-р уэ къызыхуэгъэнэж, сэ си хъуэпсапIэр къысхуренэж», - жиIэри.

Зэман дэкIащ, Монти школыр къиухащ, балигъ хъуащ. Мы хъыбарыр жиIэжри, къедаIуэу щыс ныбжьыщIэ гупым я дежкIэ зыкъигъэзащ: «А хъыбарыр щIывжесIэжар фщIэрэ? Фэ гупыр иджыпсту фыщIэсщ фут мини 4 хъу си унэм, ар и кум итщ акро 400 зыубыд си ранчом. Мес мо жьэгум и щхьэм, рамкэм илъу фIэлъщ си сочиненэр».

- Нэхъ гъэщIэгъуэну си гъащIэм къыщыхъуар фщIэрэ? - пищащ адэкIэ Монти. - Илъэсищ и пэ зи гугъу сщIа егъэджакIуэм и еджакIуэ 30 си ранчом къишэри, ехъулIэныгъэ зиIэ цIыхум и гъащIэм щигъэгъуэзащ, заригъэгъэпсэхуащ, ухуеймэ зумыгъэхъулIэфын зэрыщымыIэр яжриIащ. Ахэр щежьэжым си егъэджакIуэр къызбгъэдыхьэри къызжиIащ: «Монти, илъэс бжыгъэ и пэкIэ, уэ уи егъэджакIуэу щыта сэ уи хъуэпсапIэм и дыгъуакIуэ сыхъуащ, хуабжьу жагъуэ сщохъу ар. Ауэ апхуэдэ хъуэпсапIэ иныр зэрызэбгъэхъулIэфар иджы си гуапэщ».

Фи хъуэпсапIэр зыми евмыгъэдыгъу. Хэт сыт къывжиIэми, фи гум жиIэращ фщIэнур.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: