Хэти мэхэбзэусэ, хэти мэхэбзауэ

Аргуэжь – цІыху зэхуэсыпІэ.

Бэдадэ – дэ хьэжа. Шхынхэлъхьэу зэрахьэу щытащ, нэхъыбэм шыпс щащІкІи халъхьэрт. Бешкъэзакъхьэблэм и нэхъыжьхэм нобэми жаІэж я анэшхуэхэм дэшыпс ящІу зэрыщытар. Дэшыпсыр шхыныгъуэ лІэужьыгъуэу нобэ къыщызэтенар шапсыгъхэм я дежщ.

Гуэгуэн ныбэф – гуэгуэн лІэужьыгъуэщ, и Іур бгъузэрэ и кур ину. Бешкъэзакъхьэблэм 1940 гъэхэм пщІондэ зэрахьащ.

ГублыцI І – къамылылъэ.

ГублыцІ ІІ – гъужа хьэзыру къэкIыгъэ щыкI, щыбэ шэдылъэ.

Дэкурэ – дэ ущыкъуея.

Зэбын – унагъуэм щыщ гуэр зыІэщІэукІам хуигъэгъурэ бын хьэкъкІэ ар зыфІэкІуэда анэм щищтэжкІэ, щхьэхуимыту лІыукІ хъуар а анэм зэрыхущытым апхуэдэу йоджэ. «Зэбын зэхуэхъуащи, къилъхуари ІэщІэмыхуауэ пІэрэ жыпІэну зэхущытым», жаІэ.

ЗэщIасэ – къэзыщIэ щымыIэу щэхуу зэкIэлъыкIуэ, зи яку щIасэ щэху дэлъ цIыхуитI.

И цеикIэ къуащIэр гъуэнэн – сыт къыхэхъуэми зыми имыщхьэпэу зыфIэкIуэдыжым, кърихьэлIэр зэмыхъулIэм щхьэкIэ и цеикIэ къуащIэр гъуанэщ, жаIэ.

КурэпцІырэ – къыпцІэ гъэгъупцІа, мыгъуа-мыцІынэу щыту.

Къэбыхъу матэ – къэб жылэращ, дэкурэм халъхьэу щытащ.

Къуажэдэс – пхыдзауэ псэу, зи псэукІэрэ зи щытыкІэ хэхарэ зиІэж хьэблэм щхьэкІэ жаІэ. ЛампІэжьыкъуэ дэсхэм нобэр къыздэсым апхуэдэу йоджэ.

КъуэтІыхь – лъагапІэхэм, быдапІэхэм я хъуреягъкІэ щызэтетхъуа шытхым аращ зэреджэр.

Къулкъэш – пщым ІэщІэкІыу хыхьэжа унэІут. ХьэтІохъущыкъуейхэм псалъэр «къулъкъэшгъэн»-у къапсэлъ.

Кхъаблэпэрыжэ – еплъ хьэдэпэрыкІуэм.

Кхъуауэ – псыкъуийм псыр кърырахыу джэрэзу щхьэщыт пкъожьейм хьэтІохъущыкъуейхэр зэреджэр аращ.

Кхъужьымэ – кхъужь гъэгъуа. Нэхъыбэрэ зэхэпхынур «кхъужьомэ» къэпсэлъыкІэращ.

КІэщэфэщэн – Іэбэнлъэбэн.

ЛашкІэ – ІэкІэ япІу, къыщалъхум зи анэр зыфІэкІуэда шкІащІэм щхьэкІэ жаІэ.

Лэмастэ – мастэ лІэужьыгъуэщ, и Іуданэ иупІэр ину.

МафІэстхъу – дэп жьэражьэ.

Мэчэхъан, Мэчэр – КъурIэн Iыхьлы хъуну зыхуэхъуапсэ, дин щIэныгъэкIэ зыхуэупсэ хъыджэбз цIыкIухэм апхуэдэцIэ фIащу щытащ.

Ныр – сабиибзэм щыщщ, бгъуэнщІагъым щхьэкІэ жаІэ. Щоджэнхьэблэм зэрахьэ псалъэщ.

Пщыдадэкъуэ хъуам нэхъей – зыкъызыфIэщIыжа щIалэжь цIыкIум щхьэкIэ гушыIэу нэхъыжьхэм къапсэлъ.

ПІыргъыш – зыми щымыщ, мыхьэнэншэ.

Санащхьэ гъэгъуа – чыщмыщ. Бешкъэзакъхьэблэм щыщ цІыхубз нэхъыжьхэм ноби жаІэу урихьэлІэнущ.

Тахътыр – шууейм и куафэр уанэм тримыхын щхьэкІэ абы кІэращІэу щыта фэ бгъуэшхуэм аращ зэреджэр.

ТІарыкъуэ – бжыхь. Къалэдэсым я псалъэщ.

ТхъущIэж – тхъу цIынэр щагъэвэжкIэ, къыкIэщIэнэ вэжахуэм щхьэкIэ аращ жаIэр. «Тхъувэжахуэ» псалъэри зэрахьэ.

УэскІапщІэ хэтын – махуэ псом емыкІуэлІэжу уэскІэ щызэдэджэгум деж апхуэдэу жаІэ. ЕджапIэм къыщыгува е IуэхутхьэбзащIэ ягъэкIуауэ щIэх къэмысыжа сабийм щхьэкIэ «Узыхэтар уэскIапщIэ, дэнэ ущыкІуэдар?» жаIэ.

Уэстыку – уэсыр щатхъукІэ, дэнэ лъэныкъуэкІи къыщратхъулІэу ягъэнахуэ щІыпІэ.

ФаІэ – узыфэ лІэужьыгъуэщ, щІыфэм ІэпапІэ-ІэпапІэурэ хужьыгъэ къытридзэм аращ зэреджэр.

Фотэгъэгъу – пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуа зэмылІэужьыгъуэ зыкъом цІыкІу-цІыкІуу зэхэупщІатэрэ фокІэ зэІахыжмэ, аращ зэреджэр.

ФIыцIэру – фIыцIабзэ, фIыцIэ дыдэ.

Хабзауэ – цІыхум къызэдащта унафэм емыувалІэу зыукъум, ебакъуэм щхьэкІэ апхуэдэу жаІэ.

Хэбзэуэн – жылэм къызэдащта унафэр щаукъуэм, щакъутэм деж «хэбзэуащ» жаІэ. «Хэти мэхэбзэусэ, хэти мэхэбзауэ», – жаIэ нэхъыжьхэм.

Хьэдагъэ тIэкIу – дунейм ехыжам кІыхьу бгъэдэсыну ар зыщІэлъ унэм щІыхьэ цІыхухъу гупым щхьэкІэ «хьэдагъэ тІэкІу ящІыну щІыхьащ» жаІэу псэлъафэ щыІэщ. Хьэдагъэ тІэкІу зыщІыр шэнт цІыкІу тесу хьэдэм щхьэщысщ.

Хьэдагъэ удж – игъуэнэмысу дунейм ехыжахэм я хьэдащхьэм къеуджэкIыу щытащ адыгэр пасэм. Мыбы и хъыбарыр мыпхуэдэм иращІэкІащ жаІэу куэдрэ Щоджэнхьэблэм къаІуэтэжу зэхэпхынущ. Абы къыщхьэщыкІыу ХьэтІохъущыкъуейхэм «Удж епщIэкI хъунущ, и уэредадэщ» жаІэу нэгъуэщІ жыІэгъуэ яІэщ.

Хьэдагъэ шхын – гуIэ шхыни жаІэ. Гуауэ зиIэ унагъуэм исхэр, къадинауэ къабгъэдэсхэр гъунэгъухэм ягъашхэу щытащ. Унащхьэ чэзукIэрэ махуибл ирикъуху апхуэдэу ящIэрт. Жьэрымэр махуибл нэужьращ ягъэун щыщІадзэу щытар, къакІуэ-накІуэр зэпыууэ унагъуэр и Iуэху хыхьэжа нэужь.

Хьэдэпхыж – хьэдэр шыкхъаблэ ящIу зейм щыхуашэжым деж, къызэрашэжа щІыкІэм елъытауэ, апхуэдэу жаІэрт. Зы нэхърэ нэхъыбэмэ, шыкхъаблэ зеуалэм пхъашэу имыгъэсысын щхьэкIэ, хьэдэр зыкIуэцIылъ щIакIуэр зэрапхырт. Аращ хьэдэпхыж жыхуаІэр.

ХьэдэпэрыкIуэ – кхъаблэм телъу дахым ипэ къиувэм щхьэкІэ жаІэ. Адыгэм ягъэдахэу щытакъым, «ХьэдэпэрыкІуэ фымыхъу, хьэдэпсэр зэхэзежэ фощІ», жаІэрт.

Хьэжрэт хьэдэ – зыщыщыр ямыцIыхуу, къыздикIар ямыщIэу, зи хэтыр яхузэхэмыгъэкIауэ щIыпIэ зэгъуэкIхэм, губгъуэхэм къыщагъуэта тхьэмыщкIэм арат зэреджэр. Къыщагъуэта щIыпIэм щыщIалъхьэу щытащ, и кIуапIэ зыщIэу щытахэр къежьэмэ, зыгуэрурэ зэхагъэкIынщ, жьуджалэрэ пэт мэхашэ, жаIэрти.

ХьэкIырэ – къуэрылъхухэм ящыщу нэхъыщIэ дыдэм адэшхуэр зэреджэ.

ХьэкIэ-хукIэ – бзаджагъэ-хьилэшагъэ хэлъу зи сэфэтым икI, зи щытыкIэм текI, зы щIыкIэм ебакъуэм хужаIэ.

Хьэкхъужьэ – хьэкум пэралъхьэу ягъажьэ кхъужь. Тебэм илъу ягъажьэ кхъужьыр плъыжь дахэ хъуа нэужь, фом халъхьэрти, яшхырт. Дэкурэ хэлъуи яшхырт.

ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
Поделиться:

Читать также: