Зэманым фагъуэ дэмыхъу лIыгъэ

Лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа адыгэхэм ящыщщ совет, урысей еджагъэшхуэ, профессор, Урысейм Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием щIыхь зиIэ и академик, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Рентген оптикэмкIэ институтым и генеральнэ директору, Физикэ оптикэмкIэ институтым и унафэщIу щыта Къумахуэ Мурадин Iэбубэчыр и къуэр. Iуэху зехьэкIэщIэхэм, жэрдэмыщIэхэм я зэхэублакIуэу, щIэм и лъыхъуакIуэу щыта Къумахуэ Мурадин иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ноби мыхьэнэшхуэ щаIэщ щIэныгъэм и дунейм. Псэужамэ, абы и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 80 ирикъунут. 
ЦIыхум игъуэт зыужьыныгъэр, и дуней еплъыкIэр, Iуэху зехьэкIэр зыкъомкIэ елъытащ ар къызыхэкIа унагъуэм. Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм щыпсэу Къумахуэхэ Iэбубэчыррэ КIузэрэ яухуа унагъуэр нэмысрэ хабзэрэ зэрылът, нэхъыжьым - пщIэ, нэхъыщIэм - гъуэгу щагъуэтырт. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ яку дэлъу ягъасэрт абыхэм я бынихыр: щIалиплIымрэ хъыджэбзитIымрэ. Еджэныр Къумахуэхэ я унагъуэм щIыпIэ хэха щызыубыд, пщIэ щызиIэ Iуэхугъуэт. 
 Быным я пажэ Башир зауэм и пэ къихуэу къиухат Налшык дэт политпросветтехникумыр. Лэжьыгъэ IэнатIэ тэмэм игъуэтыным хунэмысу, Хэку зауэшхуэр къэхъейри, и ныбжьыр илъэс 18 фIэкIа мыхъуауэ ари фронтым кIуат, и насып къикIри, 1947 гъэм Iэпсэу-лъэпсэууэ къигъэзэжащ, еджащ. Башир къыкIэлъыкIуэ и анэкъилъхухэми: и къуэшхэу Мухьэдин, Мурадин, и шыпхъухэу Тосэрэ Анусэрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ яригъэгъуэтащ КIузэ. Тбилиси дэт къэрал университетыр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха Мухьэдин еджэным Москва щыпищащ. Ар щIэтIысхьащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием БзэщIэныгъэхэмкIэ и институтым и аспирантурэм. Кандидат, доктор диссертацэхэр пхигъэкIащ, академик цIэрыIуэ къищIыкIауэ щытащ. Зэшыпхъухэу Тоси Ануси КъБКъУ-р къаухащ. Тосэ биологиемкIэ кандидат лэжьыгъэр пхигъэкIауэ щытащ. Анусэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ илъэс куэдкIэ щригъэджащ я къуажэм дэт курыт школым.
ЩIэныгъэм и лъагапIэм нэсыфа щэджащэхэм ящыщт Къумахуэ зэкъуэшхэм я нэхъыщIэ Мурадини. Ар 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 26-м къалъхуащ. Иджыри школакIуэ ныбжьыщIэу, куэдым гу лъатат Мурадин есэпымрэ физикэмкIэ зэфIэкIышхуэ зэрыбгъэдэлъым. Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха щIалэщIэр тегушхуэри Москва кIуащ, и щIэныгъэм хигъэхъуэну, икIи МКъУ-м ядернэ физикэмкIэ и факультетым щIэтIысхьащ.
Студент илъэсхэр, напIэдэхьеигъуэу, псынщIэу блэлъэтащ, къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэмрэ щIэныгъэ къэугъуеинымрэ и бэу. Псы хуэлIа къэкIыгъэм псыIагъэр зэрызэщIишэм хуэдэу, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ Мурадин а илъэсхэм куэд къыхихащ дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ профессорхэм, еджагъэшхуэхэм я лекцэхэм. Зыхуеджа IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ хъуа Къумахуэм лэжьэн щыщIидзащ МКъУ-м Ядернэ физикэмкIэ и институтым икIи илъэс 15-м щIигъукIэ абы егъэджакIуэу щыIащ. 1978 гъэм щIэныгъэлIыр ирагъэблэгъащ Атом энергиемкIэ институтым и лабораторэм и унафэщIу. А зэманыращ Мурадин дунейпсо цIэрыIуагъ къыхуэзыхьа, «Къумахуэм и эффект» цIэр щIэныгъэ дунейм щызыгъуэта абы и къэхутэныгъэ къызэрымыкIуэр наIуэ къыщыхъуар.
Физикэм и теориемкIэ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ щIэныгъэлIу зэрыщытам къыдэкIуэу, Къумахуэр къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэт, техникэщIэ гъэхьэзырынымкIэ проектхэм я пашэт. Абы и унафэм щIэту ягъэхьэзыра Iэмэпсымэ куэдым дунейпсо, урысейпо гъэлъэгъуэныгъэхэм саугъэтхэр, медалхэр къыщыхуагъэфэщащ. Илъэс 28-кIэ ар зи унафэщIу щыта институтым технологие лъагэхэм ятещIыхьа къэхутэныгъэ гъуэзэджэу 10 хуэдиз щаубзыхуащ. Ахэр къагъэсэбэпу хуежьэмэ, япэкIэ зэрыщытам хуэдэу, Урысейм бжьыпэр щиубыдыжыфынущ хьэршым, микроэлектроникэм, медицинэм, биологием, наноиндустрием, микромеханикэм, авиацэм, ХХI лIэщIыгъуэм и зыужьыныгъэхэр зыубзыху нэгъуэщI IэнатIэ хэхахэм.
Къумахуэ Мурадин и унафэм щIэту фундаментальнэ физикэм иужьрей илъэсхэм щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм я фIыщIэкIэ къызэIуаха къэхутэныгъэщIэми мыхьэнэшхуэ иIэщ щIэныгъэмрэ техникэмрэ я IэнатIэм лъэщу зегъэужьынымкIэ. Рентген оптикэмкIэ институтыр къызэзыгъэпэща икIи абы и унафэщI Къумахуэм пщIэшхуэ хуащIу, 1992 гъэм ар хагъэхьат Германием физикэмкIэ и щIэныгъэ зэгухьэныгъэм. 2008 гъэ лъандэрэ хэтащ РАН-м Аналитикэ химиемкIэ и щIэныгъэ советым.
Профессор Къумахуэ Мурадин гулъытэшхуэ хуищIырт езыр щалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым папщIэ щIэныгъэ лэжьакIуэхэр гъэхьэзырынми. Къумахуэм и гъэсэнхэм ящыщ куэд нэхъыжьыфIым и лъагъуэм нобэ ирокIуэ.
Къумахуэ Мурадин щIэныгъэ лэжьыгъэу 250-м щIигъу, монографиеу 10 къытригъэдзащ. И къэхутэныгъэ къызэрымыкIуэхэм къыпэкIуа урысейпсо, дунейпсо патенту 95-рэ иIэт. Совет, урысей щIэныгъэм нэхъапэкIэ къыщымыхъуауэ, ар къэрал куэдым зэщIыгъуу къыдагъэкI «Radiation Effects and Defects in Solids» журналым КъуэкIыпIэ ЕвропэмкIэ и къудамэм и редактору илъэс 20-м щIигъукIэ лэжьащ. Къумахуэм къыхуагъэфэщащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и ЩIыхь тхылъымрэ ахъшэ саугъэтымрэ. Инженер-оптикхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и саугъэтым и лауреат хъуащ 2002 гъэм. Физикэ щIэныгъэм зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэ инхэм папщIэ Къумахуэ Мурадин дыжьын фэеплъ пхъэбгъу къыщыхузэIуахащ США-м и Католическэ университетым.
Къумахуэр 2014 гъэм дунейм ехыжащ. Къэралри, ди республикэри, щалъхуа къуажэри зэрыгушхуэщ и цIэм ещхьу зи мурадхэр ину, IуэхущIафэхэр екIуу псэуа Къумахуэ Мурадин и гъащIэ купщIафIэр. Лъэпкъ щIэныгъэм зегъэужьынымкIэ абы зэрихьа лIыгъэр зэманым фагъуэ зэи дэхъунукъым.
 

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: