Сымаджэхэр шым ягъэшэсурэ ягъэхъуж

                                Шыхъуэхэм  я хъыбархэм  къыхэщ  зэпытщ  адыгэшыр   зэрыгубзыгъэм  къыхэкIыу, зи  лъакъуэ  къыдэмыбз  сабийхэри  балигъхэри  ягъэшэсурэ, сымаджэхэм  я  гукъыдэжыр  къызэраIэтыр,   я  узыр  нэхъ  мащIэ зэращIыр.  Иджыблагъэ  Урысей  Президентым и лIыкIуэу  СКФО-м щыIэ Чайкэ Юрий  акъылэгъу  къадэхъуауэ,  ЕсэнтIыгу ИппотерапиемкIэ  центрым и проектыр утыку кърахьащ.                               

          Хъыбарым щыгъуазэ дещI  Псыхуабэ   щылажьэ  «Интерфакс-Юг»  хъыбарегъащIэ  IэнатIэм.    «Урысей ипщэм абы хуэбгъэдэн  иджыри иткъым, - дыкъыщоджэ хъыбарым. – Абы узыншагъэр щызэфIэбгъэувэж  хъунум и закъуэкъым. Центрым Iэпкълъэпкъ уз  зиIэ спортсменхэм Параолимпиадэм  шы спортымкIэ зэхьэзэхуэхэм  зыщыхуагъэхьэзыр хъунущ.  Ардыдэм щылэжьэфынущ  сабийхэм  папщIэ  гъэмахуэ  зыгъэпсэхупIэхэр».

       КъБР-м  сымаджэхэм  шым  ягъэшэсурэ  щеIэзэныр  гупыж  зыщIар     Псыхуабэ-Шэрджэс  чыристан  IуэхущIапIэрщ.  Илъэситху  ипэкIэ  КъБР-м и Прохладнэ районым  хыхьэ  Благовещенкэ къуажэм   щылэжьэн щыщIидзауэ  щытащ  иджы  зызрагъэубгъуну  я  мурад   ЕсэнтIыгу  и  ИппотерапиемкIэ  центрым и къудамэр.      

      «Иппотерапиер»  къыбгурыIуэн   зэрыхуейр  зи  Iэпкълъэпкъым  сэкъат зиIэ  цIыхухэм,  нэхъыбэу – сабийхэм,   зэреIэзэ  гъэхъужыкIэ  Iэмалущ.  Апхуэдэ  IуэхущIапIэхэр  куэд  щIауэ  щолажьэ  Мэзкуу, Волгоград, Тверь, Ставрополь  къалэхэми   Ингуш  республикэми.   Дыщыгугъынщ мыгувэу  ЕсэнтIыгу щыIэ  центрым и къудамэ Налшыки къыщызэIуахыну.

         

                           

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: