Дунейр тхуэзыгъэнэху, гъащIэр тхуэзыгъэIэфI

 ЩэкIуэгъуэм и 28-р Анэм и махуэщ

Анэ. А псалъэм и мыхьэнэ инымрэ щIэлъ гурыщIэ абрагъуэмрэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Быным я нэху,  я гъащIэ гъуазэ а цIыхум и псэр абыхэм  сыт щыгъуи яхузэIухащ,   быным папщIэ сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыфынущ, и псалъэхэмрэ IуэхущIафэ нэхъыщхьэхэмри зыхуэгъэпсар быныр фIым, дахэм хуэущиинырщ, гъуэгу захуэ тегъэувэнырщ.  

Бзылъхугъэу щыIэм  я нэхъ лъапIэм,  анэм, и махуэр ди къэралым зэрыщагъэуврэ   илъэс 20-м щIигъуащ.   Абы теухуа унафэ щхьэхуэ УФ-м и Президентым къищтауэ щытащ 1998 гъэм. Ар тохуэ гъэ къэс щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм. Анэм и мыхьэнэр армырами   зэрылъагэр,  абы хуэдэу псэ хьэлэлрэ бзэ IэфIрэ, гу зэIухарэ Iэ щабэрэ Тхьэшхуэм зрита  абы къигъэщIа къэхъугъэхэм зэрахэмытыр хьэкъщ игъащIэми, итIани къэрал унафэкIэ  ягъэува  а махуэшхуэм иджыри зэ къегъэлъагъуэ   жылагъуэм, дэтхэнэ цIыхум и дежкIи анэм мыхьэнэуэ иIэр, абы гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэми   аргуэру гу лъыдегъатэ.

 Анэращ  гъащIэ къыдэзытари, щIэдзапIэу щыIэм и къежьапIэри. Анэм хуэдэу зыми зыхищIэфынукъым быным и гукъеуэри гузэвэгъуэри. Анэпсэр дапщэщи хущIокъу  быныр зэрихъумэным.   Абы быным хуищI гулъытэм, анэ лъагъуныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ куэдкIэ елъытащ быным и Iуэхур адэкIэ зэрыхъунур, абы гъащIэм щигъуэтыну увыпIэр,  нэгъуэщI куэди. Ди анэхэращ тхэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэр къытхэзылъхьэфыр, ахэращ ди насыпыр зэтеувэнымкIэ гугъу зыкъыддезыгъэхьыр. Аращ адыгэ псалъэжьым  «Анэр нэм хуэдэщ» щIыжиIэр.  Нэр къэмыплъэмэ, цIыхур хокIыж, нэсу зыхищIэркъым  дунейм и фIыгъуэхэм ящыщ куэдым – апхуэдэщ   анэ лъагъуныгъэм, IэфIыгъэм, щабагъэм  уахуэныкъуэнри. Абы и жьауэм щIэмыт быныр дыгъэми елыпщ, жьапщэри къопхъэшэкI абы. 

Анагъэм пылъ къалэнхэр нэхъ тэмэму зэфIэха хъун папщIэ, ди къэралым  щолажьэ социальнэ проект хэхахэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми анэхэм я социальнэ пщIэр хэзыгъахъуэщ, абыхэм я лъабжьэр мылъкукIэ щIэзыгъэбыдэщ, я къалэнхэр къыщызыгъэпсынщIэщ.

МахуэшхуэмкIэ дохъуэхъу анэ псоми. БынхэмкIэ яIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъууэ,  къащIэхъуэ щIэблэм я гулъытэ щымыщIэу, абыхэм я гузэвэгъуэ ямылъагъуу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ быным кърату куэдрэ Тхьэм игъэпсэу.          «Анэгухэм  нэхърэ нэхъ пIащIэ,          Нэхъ махэ  умыгъуэтын,          Зы мыхьэнэншэу къыпфIэщIри         Яхуохъур ахэм удын», - жиIащ усакIуэ цIэрыIуэм.  А фIыгъуэр – анэр -  зиIэхэми куэдрэ Тхьэм къыфхуихъумэ. 

 

МЫКЪУЭЖЬ Анэтолэ

Анэ

ГъащIэр ехь

И быным тегужьеикIауэ:

Жьыр къепщамэ,

ФIощI ирихьэжьэн.

Къытехъуам уэлбанэ,

Унэм щIэкIауэ,

Псыдзэм ихьын фIэщIу

Ныппежьэнщ.

Химыгъэхьэ жэщым,

Химыгъэхьэ щIыIэм –

ФIощIыр псоми

Зыгуэр къращIэн…

Дыгъэ закъуэрщ анэм

Дзыхь зыхуищIу щыIэр:

А тIум зэщхьщи я хьэл-щэн.

 

 

ГЪУБЖОКЪУЭ Лиуан

Си анэм

Сыщысабийрэ сэ  си  гум илъаи,

Гукъеуэ ину ар сиIэу:

КъытеIэбакъым си щхьэфэм сэ зэи

АдэIэ щабэ жыхуаIэр.

Хьэуэ! Сисакъым си адэм и куэщI,

Гущэ уэрэдхэр схуигъэIуу,

Анэ гумащIэ бзэ IэфIым нэмыщI,

Зым щымыта сигъэудэIуу.

……………………………

Джэдкъурт зи быным хуэсакъым нэхъей,

Стетт сытым щыгъуи уи нэIэ,

Бадзэ си нэкIу тетIысхьауэ сыжейм,

Уи гум псэхупIэ имыIэт.

Ауэ гъатхэпэу щыгъагъэм дунейр,

ЗыщумыгъэнщIу гуфIэгъуэм,

Хъуауэ дахагъэр уэ уигу пыкIыгъуей,

УнкIыфIыпащ уи нэвагъуэр.

Уи пIэкIи гъащIэр сэ фIыуэ слъагъунщ,

Нэзгъэсыжынщ уи Iуэху Iыхьэр,

«Си псэкIэ» сэ укъызэджэу щытаи, -

Анэм и быныр арщ и псэр.  

 

 

 

Анэ, уэ пхуэдэ теткъым дунейм

Анэр нэм хуэдэщи, адэр дэм хуэдэщ.

Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.

Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.

Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ.

Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ.

АнэIэм къуитыр IэфIщ.

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ