Лъагъуэхэшхэр

Топджэгур спорт зэхьэзэхуэ къудейкъым. Абы зэпыщIэныгъэ быдэхэр еубзыху, цIыху гъащIэхэр зэрепх. Сыбырым къыщыхъуа Алдышев Анатолийрэ игъащIэ лъандэрэ ди гъунэгъуфI куржыхэм къахэкIа Гогибедашвили Зауррэ футболым фIы дыдэу яригъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэр икIи я гъащIэ псокIэ ар псэупIэ яригъэщIащ.

Налшык и «Спартак»-м и япэ ехъулIэныгъэхэм, шэч хэмылъу, хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ ди командэм и гъуэр темыплъэкъукIыу илъэс куэдкIэ (1962 гъэм щыщIэдзауэ 1973 гъэ пщIондэ) зыхъума гъуащхьэтет Iэзэ Алдышев Анатолийрэ гъуащхьэхъумэ лъэрызехьэ Гогибедашвили Зауррэ. Мыхэр илъэсищ я зэхуакуу Налшык къэкIуащ, къыздикIахэри щIыпIэ зырызщ. АрщхьэкIэ я гъащIэ псор Къэбэрдей-Балъкъэрым ирапхащ.
Алдышевым топ джэгун щыщIидзар къыщалъхуа Сыбырырщ. Новосибирск и СКА-м къыхашри, 1962 гъэм «Спартак»-м ирагъэблэгъащ. Анатолий ди щIыпIэм занщIэу дихьэхащ икIи ар зэи нэгъуэщIкIэ ихъуэжакъым. Илъэс пщыкIутIкIэ ар зэкIэлъхьэужьу Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету щытащ икIи абы и фащэр щыгъыу зэIущIэ 280-рэ иригъэкIуэкIащ. Ар нэхъыбэрэ зыхузэфIэкIар цIыхуий къудейщ. ТIэунейрэ (1965, 1970 гъэхэм) Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ. 1989 - 1991 гъэхэм ди командэм и тренер нэхъыщхьэу лэжьащ. Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и тренер-гъэсакIуэу щыткIэрэ, зэман кIыхькIэ ди щIэблэр топ джэгуным хуигъэсащ. И щхьэгъусэ Верэрэ абырэ зэдапIа Олярэ Алёнэрэ Мэзкуурэ Дон Iус Ростоврэ щопсэу.
Гогибедашвили Заур Батуми и «Динамо»-м щыджэгуу 1964 гъэм Тбилиси и «Динамо»-м хэт Iэпщэ Александр зригъэцIыхуащ. Ахэр зэныбжьэгъу хъуащ икIи илъэс дэкIри, тIуми зэгъусэу Налшык и «Спартак»-м и щIыхьыр яхъумэу хуежьащ.
Куржы куэд ди щIыпIэм зэрыщыпсэур, адыгэхэмрэ абыхэмрэ фIы дыдэу зэрызэхущытыр, дауи, тегъэщIапIэ хуэхъуащ Заур Къэбэрдей-Балъкъэрым и унагъуэр и гъусэу къызэрыщынам. Ар футболист Iэзэм и закъуэкъым, атIэ «гупым я псэу щыт» цIыху телъыджэщ. Налшык и «Спартак»-м зэрыхэтар илъэсищ къудейми, нобэми и джэгукIар куэдым ягу къагъэкIыж. Зэман зыбжанэ хъуауэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и автомашинэхэр зезыгъакIуэ Гогибедашвили Заур иджыпстуи и IэнатIэм хьэлэлу пэрытщ. И бынхэу Ингэ Канадэм щопсэу икIи щолажьэ, Григорий Тбилиси и хэщIапIэщ. И щхьэгъусэ, Налшык дэт музыкэ школ №1-м и директор Хьэмгъуокъу Светланэрэ абырэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдопсэу.
Мис апхуэдэу Налшык и «Спартак»-м я гъащIэ гъуэгуанэр иубзыхуащ Алдышев Анатолийрэ Гогибедашвили Зауррэ. Абыхэм я закъуэкъым футболым и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэзыцIыхуар икIи псэупIэ дахэ зыхуэхъуар, лъэпкъхэмрэ лъахэхэмрэ я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ игъэбыдэу.

ХЬЭТАУ Ислъам.
Поделиться: