Ди блэкIар зэхьэкIауэ къыщратхыкIыж къэбгъэхъу хъунукъымКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыIэу хэтащ Урысейм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа VII щIэныгъэ-практикэ конференцым. Ар теухуат Урысей Федерацэм зыхъумэжыныгъэ и лъэныкъуэкIэ къыпэщыт къалэнхэр зэфIэгъэкIа хъун папщIэ IуэхущIапIэхэр хъыбархэмкIэ зэхъуэжэным иIэ мыхьэнэм. Урысейм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр, армэм и генерал Шойгу Сергей жиIащ: «Нацизмэм и хабзэхэр яIэт щыхъуа, ди блэкIар зэхьэкIауэ къыщратхыкIыж, совет цIыхубэм къигъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэм и инагъыр, абы дуней псор фашизмэм текIуэным хуищIа хэлъхьэныгъэр щагъэмащIэ - мис апхуэдэ щапхъэхэм дэ кIуэ пэтми нэхъыбэрэ дрихьэлIэ хъуащ. Къыхэдгъэщынщи, зы илъэсым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм щытыкIэр абы и лъэныкъуэкIэ нэхъыкIэ мэхъу икIи абы набдзэгубдзаплъэу ди нэIэ тедгъэтын хуейуэ къоув».
Поделиться:
Читать также:
09.03.2024 - 13:10 →
Мэкъумэш IэнатIэр я нэIэ щIэтщ
02.03.2024 - 09:00 →
Къалэнхэр икIэщIыпIэкIэ ягъэбелджылынущ
17.02.2024 - 10:01 →
ЛэжьакIуэ IэщIагъэхэм гулъытэ яIэнущ
11.02.2024 - 15:52 →
Къалэн нэхъыщхьэхэр яубзыху
03.02.2024 - 10:05 →
Псыр къызэрагъэсэбэпымрэ зэрахъумэмрэ
|