КIуэкIуэ Казбек яхуэгузэващ Кузбассым къыщыхъуа насыпыншагъэм хэкIуэдахэм я унагъуэхэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кемеровэ областым и губернатор Цивилев Сергейрэ щIыналъэм щыпсэухэмрэ яхуэгузэващ Кемеровскэ областым щыIэ «Листвяжная» фIамыщI къыщIэхыпIэм гузэвэгъуэ къызэрыщыхъуам къыхэкIыу. Абы хэкIуэдащ шахтэм щылэжьахэри ахэр къезыгъэлыну яужь итахэм ящыщхэри.

«Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм гущIыхьэ ящыхъуащ къэхъуа нэщхъеягъуэм теухуа хъыбарыр, «Листвяжная» фIамыщI къыщIэхыпIэм и лэжьакIуэхэри къегъэлакIуэхэри зэрыхэкIуэдар. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэми си щхьэми къабгъэдэкIыу сыфхуогузавэ Кемеровэ областым и губернатор Цивилев Сергей, щIыналъэм щыпсэухэм, хэкIуэ­дахэм я Iыхьлыхэмрэ я благъэхэмрэ икIи вжызоIэ фи гуауэр зэрызыхэтщIэр. Къэхъуам фэбжь хэзыхахэр икIэщыпIэкIэ узыншэ хъужыну ди гуапэщ», - щитхащ КIуэкIуэ Казбек социальнэ сетым щиIэ напэкIуэцIым.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: