Хэкупсэ нэс

Зыхалъхуа лIэщIыгъуэм гу хьэлэлрэ псэ къабзэкIэ гуа­щIафIэу хуэлажьэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Дадэ Суфэдин (Исмел) Iэбузед и къуэр ди республикэм цIэ­рыIуэ щыхъуащ лъэп­къым хуэщхьэпэну зэфIиха Iуэху­гъуэхэмкIэ. Суфэдин и ныбжьыр нобэ, щэкIуэгъуэм и 27-м, илъэс 70 ирокъу. 

«СССР-м цIыхухэм щIэны­гъэ егъэгъуэтынымкIэ и отличник», «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэхэр, дамыгъэхэр хуэ­фащэ дыдэу зезыхьэ Дадэр 1993 гъэм къыщыщIэдзауэ КъБР-м и Парламентым и хэхыгъуищым я депутату щытащ. ЦIыхубэм я дзыхь ирагъэзу, жэуаплыныгъэ зыпылъ а къулыкъу лъагэр зыхуагъэфэща Суфэдин и жэрдэмкIэ а лъэхъэнэм Парламентым къищтащ адыгэ лъэпкъым и къэкIуэну дахэм хуэгъэпса унафэ куэд. 
Политикым, жылагъуэ лэжьа­кIуэм, цIыхугъэ лъагэ зыхэлъ хэкупсэ нэсым до­хъуэхъу къыщалъхуа махуэмкIэ. Узыншэу, зэфIигъэкI лэ­жьыгъэхэм я ­хъер илъагъуу, и гурылъхэмрэ мурадхэмрэ зэтехуэу куэдрэ псэуну, и пщIэмрэ и щIы­хьымрэ хэхъуэ зэпыту дунейм тетыну Тхьэм жиIэ. 
Дадэ Суфэдин теухуа тхыгъэ ди газетым и къыдэкIы­гъуэхэм ящыщ зым тетынущ. 

Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр, «Адыгэ псалъэ» газетыр, «Iуащхьэмахуэ» журналыр.
Поделиться: