Рихьэние адыгагъэр зэрыщахъумэр

ЕтIуанэ адыгэ  жылэу  Израилым итыр Кфар-Камэ и ищхъэрэ лъэныкъуэм хуозэ – Рихьэниещ абы зэреджэр. Ар  Ливаным и гъунапкъэм пэгъунэгъущ. Жылэм цIыху I000 нэблагъэ дэсщ, къанэ щIагъуэ щымыIэу абазэхэщ, хьэрып унагъуэ зыбжанэ яхэсщ. 

Ди лъэпкъэгъухэр зэрытIысхьа щIыпIэм исахэр фIыуэ къазэрыхущымытар наIуэ къещI Рихьэние къуажэм и пасэрей хьэблэм и ухуэкIэм. Кавказым унэхэр щхьэж зэрыхуейм хуэдэу щагъэуву щытамэ, мы хьэблэр быдапIэ щIыкIэу ухуащ, эллипс щытыкIэ иIэу, и гупэмкIи щIыбагъымкIи куэбжэ хэлъу. Унэхэм я щIыбагъ блынхэр быдапIэ блыным йоуалIэ. Зэгъунэгъухэри блынхэмкIэ зэпыгъэщхьэхукIащ, а блынхэм гъуанэ яIэщ, хъыданыжькIэ кудэжауэ. Шынагъуэ къэхъуамэ, а блын гъуанэхэмкIэ зым адрейм хъыбар иригъэщIэжырти, цIыхухъухэр псынщIэу унащхьэхэм щызэхуэсырт, бийм пэщIэтыну хьэзыру.

Рихьэние хуэдэу лъэпкъ тхыдэр къэзыгъэлъагъуэ, я адэжьхэм зэрахьа хьэпшыпхэм пщIэ хуэзыщI щыIэу къыщIэкIынкъым. Унагъуэ къэс ущрихьэлIэнущ апхуэдэ пасэрей Iэмэпсымэхэм. Ауэ къыдэкIуэтей щIэблэм къахуэсэбэпу, къуажэм къыдыхьэ хамэхэм адыгэ тхыдэр къращIэу дэт музейращ нэхъыбэу дигу ирихьар. Ар къызэIузыхар адыгэ Iуэхум хуабжьу хуэжыджэру щыта Хъун Щэукъуийщ (дунейм ехыжащ, и Ахърэтыр дахэ Тхьэм ищI). Музей ищIыжа а унэрат Щэукъуий къыщалъхуар. Абы и гуапэу къыджиIэжат музейм и къекIуэкIыкIар. Ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ абы дедгъэкIуэкIауэ щыта интервьюр.

Пэш зыбжанэу зэхэт унэм хьэпшып, дэфтэр, видеофильм зэмылIэужьыгъуэхэр щIэлъщ тхыдэр къыпхуаIуатэу. Видео щагъэлъагъуэ пэшым, кинотеатр хуэдэ, шэнтхэр щIэтщ.

- Щэукъуий, сыт и псэукIэ Рихьэние?

- Рихьэние унагъуэ 250-рэ дэсщ, псори зэхэту цIыху I000 щопсэу. Сыт хуэдэ адыгэ къуажэми ещхьу, джэд-къаз ягъэхъу, бжэн яIэщ, щIыгум толэжьыхь, хадэхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр щыкуэдщ. Нэхъапэм щIым делэжьу нэхъ щытащ. Ауэ иджыпсту ди  щIалэгъуалэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэт, компьютерым ирилажьэ, егъэджакIуэ куэд диIэщ, дзэм къулыкъу щащIэ.

- Сэ зэрызэхэсхамкIэ, мыбы мыадыгэ унагъуэхэри дэсщ.

- Израилыр къэралыгъуэу зэраухуэ лъандэрэ дэсщ мыбы унагъуэ зыбжанэ. Ауэ абыхэм я щIэблэми дыдейхэм я гъусэу  адыгэбзэр ядж, иропсалъэ, уеблэмэ я унагъуэхэм щапщэфIыр адыгэ шхыныгъуэщ.  Зы псалъэкIэ жыпIэмэ, мыадыгэу забжыжыркъым.

- Уэ къызэIупха музейм утезгъэпсэлъыхьынут. Абы щIэлъ хьэпшыпхэр уэ зэхуэпхьэса, хьэмэрэ къуажэдэсхэм я щIэинхэри къыщIалъхьауэ ара?

- Музейр иджыпсту щылажьэ унэр Кавказым къикIыу мыбы къэIэпхъуа си адэжьым ищIа унэщ. Сэ езыр сыкъыщалъхуар, сыкъыщыхъуар  мыращ. Илъэс 20 и пэкIэ къызэIусхащ мыр.  ЩIэлъхэм я гугъу пщIымэ, сэ зэхуэсхьэса защIэщ. Иджы си мурадщ музейм тIэкIу зезгъэубгъуну, унэм метр 200 хуэдиз къыпысщIыхьыну. Адыгэм нэхъапэм къигъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр згъэхьэзырурэ щIэслъхьэнущ. Рихьэние къыдыхьэ, музейм къыщIыхьэ туристхэр зыщIэупщIэ хабзэхэм жэуап нэрылъагъу яIэн щхьэкIэ. 

- Музейм и къалэн нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, хамэ щIыпIэ щыхэхэсхэм я тхыдэр хъумэнымкIэ Iэмал хъарзынэщ мыр. Ауэ ди лъэпкъэгъухэм нэмыщIи, зыфIэгъэщIэгъуэну къыщIыхьэ нэгъуэщI цIыхухэр щыIэ?

- Нэхъыбэу къыщIыхьэр хамэ лъэпкъщ. Ахэр журтхэмрэ хьэрыпхэмрэщ. Зы мазэм къриубыдэу цIыху  I500-2000 къыщыкIуэ щыIэщ. Абыхэм яжызоIэ адыгэм и къежьапIэр, и натIэ хъуар, нобэ и псэукIэмрэ и хэкужь и хъыбарымрэ. Зи гугъу сщIыхэм дэ фIы дыдэу дыкъацIыху икIи дыкъалъагъу, мыбы дызэрисри, адыгэ къуажитI диIэу дызэрыщыпсэури ящIэ. Ауэ ди тхыдэмрэ Израилым дыкъызэрыщыхутамрэ хащIыкIыр мащIэщ. Мис абыхэм яфIэгъэщIэгъуэну къодаIуэ туристхэр. Сэ абыхэм картэхэр, дэфтэрхэр язогъэлъагъу, ди щэнхабзэр зэрыбейм, ди цIыхухэр зэрызэчиифIэм, ди хэкум и теплъэм дискхэмкIэ изогъэплъ.

- Фи «Iуащхьэмахуэ» ансамблыр илъэсий и пэ Налшыки Мейкъуапи зэрыщыIар, ди районхэм концертхэр зэрыщитар сощIэж. Абы щыгъуэщ уэри укъыщысцIыхуар. Ансамблыр щыIэж, хьэмэрэ а цIыкIухэр балигъ хъууэ зэбгрыкIыжа?

- Балигъ хъур хэкIыж къудейуэ аращ, армыхъумэ адыгэ къафэм щIэблэр хуэгъэсэныр зэи IэщIыб тщIакъым. Сабийхэм я деж щегъэжьауэ идогъасэ адыгэ макъамэмрэ къафэмрэ. Илъэс I5 хъуауэ ахэр тхуэзыгъасэр Налшык къикIыжу зи хэку къэзыгъэзэжа журт щIалэщ. Уэ зи гугъу пщIы ансамблым ди къуажэр зыхиубыдэ раойнми нэгъуэщI щIыпIэхэми куэдрэ зыкъыщегъэлъагъуэ, дэ  ди деж фестиваль щедгъэкIуэкIми дахэу хэтщ.

- Рихьэние сыкъыщыдыхьэм згъэщIэгъуар я нэхъ цIыкIу дыдэхэри адыгэбзэкIэ зэрыпсалъэрщ. Кфар-Ками апхуэдэщ. Сыт абы и щэхур? ЛIэщIыгъуэрэ ныкъуэм къыпхрыфха адыгэбзэр апхуэдэу къабзэу сабийхэм яIурылъыныр зи фIыгъэр хэт? 

- Псом япэу унагъуэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къалъхуагъащIэ цIыкIур и ныбжь нэса нэужь къызэрыпсалъэр адыгэбзэщ. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Зыхих бзэр аращи! Зы унагъуи дэскъым Рихьэние нэгъуэщIыбзэкIэ псалъэу. Псоми уэр-сэру ящIэ журтыбзэр, хьэрыпыбзэр, инджылызыбзэр къыщысэбэпыр къуажэ щIыбращ. Пэжыр зыщ: псэлъэн, къикIухьын щIимыдзэ щIыкIэ ди сабийм и адыгэгур адыгэ пшынэм епсыхь.

- Гъэ къэс чэзууэ къызэвгъэпэщ фестивалым и мыхьэнэр уэ дауэ къызэрыбгурыIуэр?

- Хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ дызэхыхьэн, дызэрыщIэн хуейщ. Фэ дывдэплъеймэ, дэри дызыхэсхэм зэи дахэшыпсыхьынукъым. Аращи, сэбэпышхуэщ щхьэусыгъуэ зэмыщхьхэмкIэ дыщыпсэу хэгъуэгум фыкъихьэныр, дэри ди сабий ансамблхэр нэтшэныр. Апхуэдэ фестивалхэр зы махуэ мыхъуу, махуэ зыбжанэкIэ егъэкIуэкIын зэрыхуейр хьэкъщ.

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: