Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦ПщылIыгъэр гъэкIуэдыным хущIэкъуным и дунейпсо махуэщ. Ди зэманми а махуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ: ООН-м къит бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, дуней псом иджыри цIыху мелуан 21-рэ хуэдиз пщылIыпIэм щитщ. Абыхэм яхэтщ цIыхубзи сабии.

♦Урысейм щагъэлъапIэ Банк лэжьакIуэм и махуэр. 1990 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м «Урысей Федерацэм и Банк нэхъыщхьэм теухуауэ» федеральнэ законыр къызэращтам тращIыхьу ягъэлъапIэ.

♦Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я лъэпкъ махуэшхуэщ. 1971 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м унафэ къащтащ эмиратихыр зэгухьэу, зы къэралыгъуэ къызэрагъэпэщыну.

1409 гъэм Лейпциг (Германие) къыщызэIуахащ Европэм и щынэхъыжь дыдэ университетхэм ящыщыр.

1804 гъэм Бонапарт Наполеон Франджым и император хъуащ.

1870 гъэм Рим къалэр Италие пащтыхьыгъуэм и щыхьэр хъуащ.

1918 гъэм РСФСР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советым тхьэмахуэм къриубыдэу зыгъэпсэхугъуэу махуэ хэха гъэувынымрэ къэрал махуэшхуэхэмрэ ятеухуа хабзэр игъэуващ.

1991 гъэм Ингушым референдум щекIуэкIащ Шэшэным къыгуэкIыным теухуауэ. Абы хэтахэм я нэхъыбапIэр апхуэдэ унафэм и телъхьэу къэуври, Ингушыр республикэ щхьэхуэ хъуащ.

2007 гъэм Урысейм и Къэрал Думэм и етхуанэ зэхуэсыгъуэм хэтыну депутатхэр хахащ.

1851 гъэм къалъхуащ къэбэрдей джэгуакIуэ, усакIуэ Агънокъуэ Лашэ.

1897 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Маршал, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь, Лениным и орденыр блэнейрэ зыхуагъэфэща Баграмян Иван.

1913 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ, Хэку зауэшхуэм хахуэу зэрыхэтам папщIэ Вагъуэ Плъыжь орденыр, Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр зыхуагъэфэща Гъуэщокъуэ Хъусин.

1960 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Гуанэ Аскэрбий.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 - 5, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Шхэгъуэм дыгъужьщ, лэжьэгъуэм жьындущ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ