Анзорей хабзэ

Анзорей тхыдэми, хабзэми и къежьапIэр лIакъуэлъэщ Анзорхэщ. «ЛIакъуэлъэщыр» нэхъ жыIэгъуафIэ «лIакъуэлIэш» псалъэм хуэкIуащ. Анзорхэ къатепщIыкIыжа КъуэгъулIыкъуэхи - «Къуэгъулъкъуэ» хъуащ, Анзорхэрэ КъуэгъулIыкъуэхэрэ зы лIакъуэщ, зэщыIейуэ зэшыгъэр яфIэкIуэдами. Пщым и щIыхьыр сыт хуэдизу мылъэгами, абыхэм дэжэгъуу ягъуса лIэкъуэлIэшхэмрэ дыжьыныгъуэхэмрэ пщIэшхуэ яIащ. ЛIакъуэлIэш зимыгъусэ пщыр пщыуэлий хъуфынутэкъым. Пщым и къуэдз, хейящIэ хъужхэри ахэрат. Ахэр зэхыхьэм пщытеху ящIыфт. 
Аращ унафэ щIынкIэ Iэзэм «Уы - Тамбий, уы - Къундет, уы - Анзор?» - жаIэу псалъэ хъуэр ирадзу щIыщытар. Уэркъышхуэхэм (лIэкъуэлIэшми, дыжьыныгъуэми) езыхэм я уэркъ яIэжт, уэркъцIыкIукIэ еджэу (уэркъщауэлIгъусэ, лэгъунэпыт, пщыкIэу). Уэркъышхуэхэм я цIэр зэрихьэу жылагъуэ щхьэхуэ яIэрэ, щIыгури яйуэ, пщыр здэIэпхъуэм мыIэпхъуэми хъууэ щытащ. А псоми къахэкIыу цIыху цIыкIур дэнэ къэна, езы пщы дыдэхэми абыхэм я жагъуэ ящIын шынэу, къыпакIухь зэпыту щытащ. ЛIэкъуэлIэш, дыжьыныгъуэ щытыкIэр лIыгъэм, беигъэм, е губзыгъагъэм елъытатэкъым, къыпхуэщэхунутэкъым икIи къыпхуэлэжьынутэкъым. АтIэ апхуэдэ лъэпкъым ухалъхуауэ лъыкIэ уащыщын хуейт. Пщым и къуэдзэ - дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэ къулыкъур лъагъэст. ЩIыгури цIыхури адэжь щIэину я зэхуэдэ мылъкут, къахэхъуэр я былымти, зэрыхуей ящIыну хуитт. Хъыбархэм къаIуатэ: Къундетхэ журту, Тамбийхэ ермэлы лъапсэу. Ауэ Тамбийхэ я фIэщыгъэцIэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, Там жылагъуэм къыхэкIа абхъаз-абазэщ. 
Эвлия Челеби Анзорхэ Куржым къиIэпхъукIауэ етх. С. Броневскэм зэритхымкIэ, Джырандыкъуэ къилъхуахэр Къундетрэ Тамбийрэщ. Леонтович итхыжу, I844 гъэм къыдэкIа «Пасэрей адыгэ хабзэжьхэм» тхылъым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Анзорхи, Къундетхи, КъуэгъулIыкъуэхи зы лIы бынщ, Джырандыкъуэ къытепщIыкIащ, Тамбийхэ я къэхъукIар нэгъуэщIщ.
Пщы псори къэзылъхужа Инал и къуэ Тобылэ къуищ иIащ: Инэрмэс (Идар и адэр), Жэнхъуэт (Беслъэн ПцIапцIэрэ Талъэустэнрэ я адэр), Минболэт (Джылахъстэн и адэр). Инал и къуэ Беслъэн Езанэм и къуэрылъху пщы Къанокъуэ, тырку сулътIаныр благъэ хуэхъуа нэужь, IэпщэрыбанэкIэ Къэбэрдейм яфIикIри, Псыжь адрыщI пщыжылагъуэ щхьэхуэ щиухуащ, Беслъэней жыхуаIар аращ. Нэхъ иужькIэ, ещхьыркъабзэу, Джылахъстэн и къуэрылъху Джэмырзэ и къуэ Алъхъэс Фэрсей пащтыхьыр (шахыр) малъхъэ хуэхъуа иужь, Тэрч адрыщI махуитI гъуэгукIэ IукIри, пщыжылагъуэ щхьэхуэ щиухуащ, Джылахъстэнейм ар и къежьэкIэщ. 
ЛIакъуэлIэш Тамбийхэ Къетыкъуэ и къуэ Пщыяпщокъуэ ягъусащ, Къундетхэ - Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч Езанэ, Анзорхэ - Идар и къуэ КIэмыргукъуэ (урысхэмрэ тэтэрхэмрэ ТемрыкъуэкIэ еджащ). Мыхэр псори Тобылэ и къуэ Жэнхъуэт и бынт. Уэрэдыжьым «Жэнхъуэт и быным зэныкъуэкъуныр щамынэ» - жи. 
ЛIакъуэлIэш Анзорхэ я фIыгъэкIэ Къэбэрдейм и пщыуэлийуэ Идар и къуэхэу КIэмыргукъуэрэ (I55I-I577) Къаниболэтрэ (I577-I588) хахри зыкIэлъхьэужьу тетащ. Аслъэнбэч Езанэр илъэс ныкъуэ нэхъ темыту дунейм ехыжащ, абы иужь Идархэрэ Анзорхэрэ Жэнсэхъу пщыуэлийуэ пхагъэкIыну хуежьэри хъуакъым. Нэхъ иужьыIуэкIэ, КIэмыргукъуэ и къуэ Мамсырыкъуи уэлийгъэр лъагъэсыну хэтащ, ауэ къайхъулIакъым. I597 гъэм Мамсырыкъуэ Мэзкуу кIуэри уэлийгъэр зэрылъысар игъэлъагъуэу урыс пащтыхьым и щыхьэт тхылъ, «дыщэ мыхъурыр» тегъэуэжауэ, къихьри къэкIуэжащ. Абы и ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэ Пщыяпщокъуэ и къуэ Къазий ар игу темыхуэу Мамсырыкъуэрэ абы и къуэш Думаныкъуэрэ махъсымафэ иригъэблагъэри, гъэрыпIэ иридзащ. МахуитIкIэ пхауэ иIыгъа нэужь, ещанэ махуэм иукIахэщ. Къэхъуам щIэщтэжа Къазий Псыжь адрыщI щтапIэщIэкI кIуэри илъэсищкIэ къэтащ. Идар и быным зи нэхъыжьыгъуэ Къанкълыш и къуэ Сэнджэлеи лъэныкъуэ зэригъэзащ. Урыс пащтыхьым къихъумэну гурыIуэри, и жылэр и гъусэу Тэрч урыс быдапIэм етIысылIащ. 
Уэлийгъуэр гугъу демыхьу лъысащ зи ныбжьыр хэкIуэта Тепщэрыкъуэ и къуэ Щолэхъу (I597-I6I6). Идархэ тIасхъапIэ ихуэу Тэлъэустэнхэ тепщэныгъэр къащылъысым Анзорхэ Щолэхъужьым зыбгъэдишащ; Тэлъэустэнхэ абы текIуэдэжауэ жыпIэ хъунущ. Идархэ Шэрэдж псыхъуэ дэсащ. Абы и щыхьэт тхыгъэхэри, уэрэдхэри, хъыбархэри, Iуащхьэжьхэри, щIыпIэцIэхэри куэду щыIэщ. Идархи, Жэнсэхъухи пщы зэныкъуэкъум ихьащ, урысым и телъхьэу зэрыщытам текIуэдэжащ. Ауэрэ жьы дыдэ хъуа Щолэхъу пщышхуэм и къуэ Къэрэщейрэ Пщыяпщокъуэ и къуэ Къазийрэ уэлийгъэр яхузэрымыгъэгуэшу зэпэуващ. I6I4 гъэм бадзэуэгъуэм и I4-м Къэрэщей зауэ ирищIылIащ Къазий пщыжылагъуэм. 
Абдеж Тэлъэустэнхэ ягъусащ нэгъуейхэри къумыкъухэри. Къумыкъу шамхалыр благъагъэм къыхэкIыу къагухьауэ арамэ, Индыл Iуфэ къикIа нэгъуейхэр лъыщIэж къежьауэ арат. Хъаныгъуэр къызылъыса, КIэмыргукъуэ и малъхъэ Ещтрэч и бынхэр я пашэу, Пщыяпщокъуэ и къуэ Къазий ахэм я анэ дэлъху Мамсырыкъуэрэ Думэныкъуэрэ зэриукIар хуамыгъэгъун мурадкIэ, лъэныкъуитIми Къулъкъужын псыхъуэ деж зыщызэраупсейри хьэлъэу зэзэуахэщ. Лъыгъажэм Къазий хэкIуэдащ и щхьэр Нэгъуейм яхьри щхьэщэхужыпщIэу и пхъур иратын хуей хъуащ. Къулъкъужын зауэм Къазий и адэкъуэш быну: Аслъэнбэч и къуэ Инэрмэс, Къанокъуэ и къуэхэу Акъсакъ, Къундет, Жэнсэхъу и къуэ Дэхъущыкъуэ, Щоджэныкъуэ и къуэ Анфокъуэ сымэ хэкIуэдащ. «Щолэхъупщыр махуэмэ минрэ и жыры джатэмэ къыродалъэ, Къазиипщыр къыпэдэлъэжурэ ди щхьэхэр фIагъэщIщ» - жи «Къулъкъужын зауэ» уэрэдыжьым. 
Къулъкъужын зауэм и жэуапу Щоджэныкъуэ и къуэ Алыджыкъуэ шу минитху зэригъэпэщри, 1616 гъэм Тэлъэустэней пщыжылагъуэм теуэри игъэубзащ, игъэIэсащ, хъунщIи къищIащ. Дзэм щыщу минищыр къырым шуудзэт, беслъэней пщы Къанокъуэхэ япхъурылъху хъаныкъуэ Джэнбэч Джэрий я пашэу. Ари телъыджэу уэрэдым къыхощ: «ДжэнбэчкIи нашэр пщэкъуаншэкIэрэ рашэх», - махъшэм тесу жихуиIэщ. «А пщышхуэмэ Тхьэр и лъыщIэжщ. Алыджыкъуэр зауэ зэхэшэщ» - жи «Алыджыкъуэпщ и уэрэдым». «Тэлъэустэней зауэ» уэрэдыр къыщIедзэ: «Чынтыдзэр Тэлъэустэнеймэ кIэлъашэщ. Зауэгъуэмэ ды Тэтэртуп жьырабгъущ». «Талъэустэн и къуэкIэ Къэрэщеипщмэ и пщыгъуэт» - жоуэ. 
ЗауэзэрылIыр Тэтэртуп пэгъунэгъуу Бжьэхуцыкъуэ деж щекIуэкIащ. Абы хэтащ, Алыджыкъуэ и лъэныкъуэу, Анзорыкъуэ Хьэту и къуэ Хьэбыж, къумыкъу шамхал Сурхъей и къуэ Джэрий и щыкъу щIалэр. Уэрэдым я цIэ къреIуэ Тэлъэустэней уэркъхэу КъуэгъулIыкъуэхэ, Къэмбэчокъуэхэ, Тузархэ, Елъыхъухэ, ЕщIэнокъуэхэ, Шэрмэнокъуэхэ. Тэлъэустэней зауэм хэкIуэдащ Тэлъэустэнхэ щыщу Щолэхъу и адэ къуэшым и къуэ Ибакъ, Ибакъ ипхъу Нэкурэ гуащэ Джэнбэч Джэрий екIужыпщIэу иратащ. Щэджащэу Щолэхъужь и къуищ Къэрэщей, Алъкъэщей, Тэлъэустэн джылахъстэней пщыхэу Мудар Хьэфэрэ Алъхъэурэ я зэфIэкIым щыгугъыу екIуэлIа щхьэкIэ, яхъумэн, къащхьэщыжын яхузэфIэкIакъым. Къэрэщей IэщIэукIауэ щыта и адэкъуэш Пыщтэ и къуэ Бэчрэ Заурбэчрэ IэщIагъыхьэри, лъыщIэжакIуэхэм я адэ зыукIахэр яукIыжащ. ЖьыгъэкIэ хьэфиз хъуа, илъэсищэм щIигъуа Щолэхъуи абы иужь куэдрэ псэужакъым. А щIыкIэм тету Тэлъэустэнейм лъапсэрых къыхуэкIуащ. Пщы лIакъуэ Тэлъэустэнхэ лъапсэкIуэдым щэнейрэ нагъэсыгъащ, ауэ бетэмалу я нысэм щIалэ къилъхуурэ къыдэжыжащ. 
 

Сокъур Валерэ.
Поделиться: