Политик ныбжьыщIэхэр

КъБКъУ-м Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм гъатхэпэм и 1 - 3 махуэхэм зэхыхьэ ин щекIуэкIащ. «УнэтIакIуэ» республикэ Iуэхум хэтащ ныбжьыщIэ 80-м щIигъу.

ЗэIущIэр къызэрагъэпэщащ КъБКъУ-м и студентхэмрэ аспирантхэмрэ я профсоюз зэгухьэныгъэм, «УнэтIакIуэхэм я зэгухьэныгъэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм, «Росмолодежь» щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм. Iуэхум и къалэн нэхъыщхьэр ­КъБР-м и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ дэс, илъэс 16-м щегъэжьауэ 23-м нэс зи ныбжь щIалэгъуалэр хабзэубзыху, гъэзэщIакIуэ органхэм щекIуэкI лэжьыгъэм хуэгъэсэнырщ.
«НыбжьыщIэм и IэнатIэм лъагапIэхэр щызыIэригъэхьэн папщIэ и лэжьыгъэм и пIалъэкIэ къыдэгуэшэн, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI чэнджэщэгъу щахуримыкъу къохъу. Мис апхуэдэ чэнджэщэгъу хъуну аращ унэтIакIуэхэр. Ар IэщIагъэлI Iэзэу, жылагъуэм и зыужьыныгъэм и гуащIэ хилъхьэну хьэзыру щытыпхъэщ, абы щыгъуэми, и лэжьыгъэм пщIэ къызэрыпэмыкIуэнур ищIэу», - жиIащ проектым и унафэщI Таумурзаевэ ФатIимэ.
УнэтIакIуэхэр къыхахащ политик ныбжьыщIэхэм, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм, ЩIалэгъуалэ Правительствэм, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм, «ООП КъБР» зэгухьэныгъэм деж щыIэ ЩIалэгъуалэ советым щылажьэхэм, хьэрычэтыщIэхэм, зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэм щытекIуахэм.
Iуэхум хэтыну щIалэгъуалэр республикэм и жылэ 38-м щыщхэщ. Абыхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ зэшэлIэн къудейр аракъым Iуэхум и купщIэр, атIэ ахэр фIыуэ зэрыгъэцIыхунырщ, ныбжьэгъу зэхуэщIынырщ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэдытепсэлъыхьыфу зэтеублэнырщ. Апхуэдэ Iэмал ягъуэтын папщIэ ахэр щызэдэлажьэ, щызэпсалъэ зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къызэрагъэпэщащ.
«УнэтIакIуэхэм я зэгухьэныгъэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къалмыкъ Николай къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ мы Iуэхум дуней псом зэрыщыбгъэдыхьэмрэ сэбэпынагъыу кърикIуэмрэ. КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Балэ Олег тепсэлъыхьащ зи гугъу ящI институтым республикэм зэрызыщиужьымрэ ди щIыналъэм ар нэхъри щыдгъэкIуэтэн папщIэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэ гуэр къызэрыщызэдгъэпэщыпхъэмрэ.
ЗэIущIэм щIалэгъуалэм унэтIакIуэхэр щызэрагъэцIыхуащ икIи зыдэлэжьэнухэр къыхахыну Iэмал яIащ.
Апхуэдэуи илъэси 5 - 10-кIэ мы Iуэхум зэрызебгъэужь хъунур къызэхуэсахэм я пащхьэ кърахьащ. Абыхэм къызэрыхагъэщамкIэ, проектым хэт ныбжьыщIэхэр КъБР-м и Парламентым и депутати, министри, уеблэмэ КъБР-м и Iэтащхьи хъуфынущ.

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: