КъардэнгъущI Зырамыку и фэеплъу

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым дапхъэ щагъэуват щIэныгъэлI-Iуэры­Iуатэдж КъардэнгъущI Зырамыку и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуауэ, къыдигъэкIа тхылъ­хэр, нарт хъыбархэр, псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр, уэрэ­дыжьхэр, пшыналъэхэр зэ­рытхэр, иужьрейхэр щызэ­хуэхьэса дискхэр, Зырамыку и унагъуэм, и лэжьэгъухэм, ныбжьэгъухэм щIыгъуу траха сурэтхэр къызэщIиубыдэу.

Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэд­жыIакIуэ, театрымрэ киномрэ  я артист Теунэ Джэмалрэ. Абыхэм зэхуэсахэм ягу къагъэ­кIыжащ адыгэ лъэпкъым и джэгуакIуэ нэс, IуэрыIуатэр зэ­хуэ­хьэсыжыным, абы зегъэу­жьыным хэлъхьэныгъэфI хуэ­зыщIа КъардэнгъущI Зыра­мыку цIыху телъыджэу, адэжь щIыналъэр фIыуэ илъагъуу, абы ис гуащIэрыпсэухэм пщIэ­шхуэ яхуищIу зэрыщытар. 
Пшыхьым и пэ къихуэу фес­тивалым хэтахэм тыгъэ хуа­щIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и ЩIыхь тхы­лъыр, КъардэнгъущI Зыра-­мыку зэхуихьэсыжа адыгэ уэрэ­дыжьхэмрэ пшыналъэхэмрэ зэрыт тхылъхэмрэ ахэр зытет дискхэмрэ, лъэпкъым и псэр, и блэкIар зыхэлъ адыгэ лъэпкъ уэрэдыжьхэр зэрахъумэм пап­щIэ. 
ЯпэщIыкIэ экранымкIэ къагъэлъэгъуащ КъардэнгъущI Зы­рамыку и гъащIэмрэ гуа­щIэмрэ теухуа видеонэтын, езым уэрэдхэр жиIэу къы­зы­хэщхэр. 
Зэхыхьэм хэтащ районхэм щекIуэкIа зэпеуэхэм щытекIуа­хэмрэ ирагъэблэгъахэмрэ, рес­публикэм и уэрэджыIакIуэ, ансамбль нэхъыфIхэр. КъардэнгъущI Зырамыку хуэдэ щIэныгъэлIхэм я фIыгъэкIэ ди деж къэса адыгэ цIыхубэ уэрэ­дыжь­хэу фестивалым хэтахэм ягъэ­зэщIахэм купщIэшхуэ яIэщ, куэд къаIуатэ. Лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, адыгэм къикIуа гъуэгуанэр къызыхэщ  а уэрэдыжьхэм уедэIуэну уасэншэт. А уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ къыхощ фIыр ем зэрытекIуэр, лъэпкъым гузэвэгъуэ куэд зэришэчар, лIыхъужь цIэрыIуэхэр адыгэм зэрикуэдар. Къэбгъэлъагъуэмэ, ап­хуэ­дэхэт куэдым фIыуэ ялъэгъуа «Нэсрэн ЖьакIэ», «Бэдыно­къуэ», «Нартыжь уэрэд», «Уэзы Мурат», «Лэшын и уэрэд», «Нэхущ удж», «Iуащхьэмахуэ», «Гуащэгъагъ», «Iэдииху», «Iэлъын цIыкIу», «Истамбыл», «Сэнджэлей», нэгъуэщI уэрэдхэри. Пшыхьыр ягъэдэхащ тхакIуэ, джэгуакIуэ Iэзэ ХьэхъупащIэ Амырхъан и къуэрылъху, шыкIэпшынауэ Iэзэ ХьэхъупащIэ Амырхъан, куэдым ягу дыхьэ уэрэджыIакIуэхэу Хьэ­къул Оксанэ, Бэч Азэмэт, Бе­къул Аслъэн, Бэрбэч Алихъан, Кушу Светланэ, «Бзэрабзэ», «Кавказ», «Ридадэ», «Шэджэм псыкъелъэхэр» ансамблхэм, нэгъуэщIхэми.
ЩIыналъэм и щэнхабзэм зе­зыгъэужь мыпхуэдэ зэхыхьэ ­гуапэхэм цIыхухэр дапщэщи хуэныкъуэщ. Аращ нэхъыжьри нэхъыщIэри зыхэта щэнхабзэ фестивалыр гукъинэж щIэ­хъуар. Пшыхьым къигъэнэ­-Iуащ анэдэлъхубзэкIэ сабийр зыщIагъэдэIу гущэкъу уэрэдхэр, нарт хъыбархэмрэ пшы­налъэхэмрэ щIэблэм гъэсэныгъэ дахэ етынымкIэ, ахэр тхы­дэм щIэпIыкIынымкIэ зэрыщ­хьэпэр. 
КърихьэлIахэр зэдэгуэшащ адыгэ лъэпкъым и джэгуакIуэ нэсу къэгъуэгурыкIуа, Iуэры­Iуатэр зэхуэхьэсыжыным, абы зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа КъардэнгъущI Зырамыку цIыху телъыджэу, Хэкумрэ и лъэпкъэгъухэмрэ фIыуэ илъагъуу, пщIэшхуэ ­яхуищIу зэрыщытам теухуа я ­гукъэкIыжхэмкIэ.

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: