Пщыжылагъуэ къэс езым и хабзэ иIэжщ

Анзорхэ я лэгъунэпытхэм я илъэс хьэкъхэр гъэщIэгъуэнщ. Мыбыхэм япхъу лIы иратамэ, абы къыпэкIуэ уасэм щыщу [лIэкъуэлIэшым] зыри лъысыркъым. Лэгъунэпытым и шым езым и Iизыныншэу зы шэскъым е зыIэщIиубыдэркъым, ауэ лIэкъуэлIэшыр шы хуей хъумэ, и лъэIукIэ е и унафэкIэ, иритыпхъэщ. Лэгъунэпытым уэкъулэ IуэхукIэ зыгуэр къекIуэлIарэ гъавэхэкI, мэкъумылэ, гъэсыныпхъэ, е нэгъуэщI зыгуэр щхьэкIэ къелъэIуамэ, лIэкъуэлIэшым и Iизыныншэуи иритыну хуитщ.

Фыз къашэмэ, е я бын кърагъашэмэ, уасэр езым ятыж, ахъумэ лIэкъуэлIэшым щыгугъкъым, Iыхьи хухагъэкIкъым. Адрейуэ, пщытелажьэм къиубыду лIэкъуэлIэшым хуалэжьыпхъэ псори лэгъунэпыт-пщIантIэдэтхэм псалъэмакъыншэу ялэжьыну я хъэкъщ. Лэгъунэпыт псалъэм къегъэлъагъуэ, ар зиусхьэным и пщIантIэдэту, лъэгъунэм пэгъунэгъуу зэрыщытыр, пщIантIэ кIуэцI Iуэхуу щыIэ псори и пщэ къыдохуэ: мэз кIуэн хуейми, губгъуэ лэжьыгъэри, псэуалъэ ухуэнри, щIымахуэ пхъэгъэсынри, хадэ иIэми, бжьэ иIэми, Iэщ иIэми, зэрихьапхъэщ, вэн-сэнри...

КIэщIракъэ, сыт хуэдэ унагъуэ Iуэхури и пщэ къыдохуэ. Бзылъхугъэхэми я щхьэ къамыIэту ящIэн ягъуэт, пщэфIэнри, жьыщIэнри, жэм къэшынри, унэ зехьэнри, щыгъынри, тепIэнщIэлъынри ахэм я Iуэхущ. А псоми пэкIуэу зиусхьэным и пщэ дэлъщ лэгъунэпытыр гъэшхэнри, хуэпэнри. Абы къыхэкIыу лIэкъуэлIэшым кърихьэлIэж илъэс гъавэр щы ирещIыкIри, япэр жылапхъэу егъэтIылъ, етIуанэр лэжьакIуэхэм я Iыхьэщ, ещанэр хьэщIэ шхыну егъэтIылъ, къанэр унагъуэм исхэмрэ пщIантIэдэт унэIутхэмрэ трагуашэ. КъинэмыщIауэ, Iэщ яукIмэ, кIуэцI-фэцIыр, щхьэ-лъакъуэр, лэгъунэпытым яйщ. Илъэс I6-20 зи ныбжь лэгъунэпытхэм я егъэшэн-къегъэшэнри зиусхьэным и къэлэнщ. Пщым и пщIантIэдэтхэри зэщхьэщыкIыу щытщ. Мыхэр урысым «стольник» (бжэIут, Iэнэзехьэ, щхьэгъырыт) жыхуаIэм нэхъ ебгъэщхьынщ. Лэгъунэпытыр уэркъщауэлIгъусэ хъункIи, беслъэнуэркъ къалэным нэс къылъысынкIи мэхъу, и зэфIэкIым елъытауэ. Мыхэр икIи пщылI-унэIуткъым (ауэ абыхэм къатекIагъэнкIи мэхъу), икIи, лъхукъуэщохэм ещхьу, мылъку лей ябгъэдэлъкъым, я зиусхьэным бгъэдэсхэщ, и пщIантIэдэтхэщ, и Iуэхузехьэхэщ. Мыбыхэм пщIэ яIэщ зэрыжаIэу, я жьэгу дэсыжхэщ. Лэгъунэпытым и Iуэхур пщIантIэм фIэкIыркъым, бейгуэлыр IуэхугъэзащIэщ, и пщэ къыдэхуэр нэгъуэщIщ. Лэгъунэпытым и пщIэр лIакъуэлIэшым деж щынэхъ инынкIи мэхъу. УнэIут дыдэм нэхърэ нэхъ гугъужу щытащ пщылI-гъэрхэм я псэукIар.

Къулейсызыгъэ щымыгъэIэным адыгэр сыт щыгъуи хуабжьу пылъащ. Хабзэ дахэу, щхьэпэу щытащ уэкъулэр. Адыгэм факъырэ къащIыхэмыкIыу щытам и щхьэусыгъуэ нэхъ пажэхэм ящыщу щытагъэнущ мы хабзэ щыпкъэри. Зыгуэрым ерыскъыкIэ, е мэкъумылэкIэ, е пхъэгъэсынкIэ къулейсызыгъэ иIэмэ, и ныбжьэгъу, е и благъэ деж «Уэкъулэ сыкъыпхуэкIуащ» — жиIэрти екIуалIэрт. ЗэкIуалIэми «Уэкъулэ къысхуэкIуащ» жиIэрти, иIэмэ езым къыхуищIэрт, имыIэмэ, хьэблэр, ныбжьэгъу-жэрэгъухэр зэхуишэст, ефэ-ешхэ яхуищIти, кърихьэлIахэм къратымкIэ Iуэхур зэфIэкIт. Сытми, лъэIуакIуэ къежьар зэи IэнэщIэу пщIэншэу яутIыпщыжыртэкъым.

«Анзорхэ я хабзэм» итщ мыпхуэдэу: «ПщылIым и цIыхугъэ, е и благъэ уэкъулэ къыхуэкIуэрэ сыт щхьэкIэ лъэIуами, ар ерыскъыпхъэу, е мэкъумылэу, е пхъэгъэсыну, е нэгъуэщI зыгуэруи щрет, — уэркъыр пэрымыуэу иритыну хуитщ».

IуэрыIуатэ и лъэныкъуэкIэ Анзорей жылагъуэм и закъуэ къыхэдгъэщхьэхукIынщи, абы и лIыхъужьхэм ятеухуащ: «Анзорыжь и уэрэд», «Кхъуэхъужь зауэм хэтахэм я тхьэусыхэ», «Нащхъуэжьыкъуэ и уэрэд», «Азэпщ и къуэ Гъудэберд и тхьэусыхэ», «Борэжь и тхьэусыхэ», «Борыкъуей шухэм я гъыбзэ», «ЩауапцIэ и къуэм и таурыхъ»; я цIэр фIыкIэ тхыдэм къыхэнащ КIэфыщхэ, Ендэрхэ, ЕщIэнокъуэхэ, нэгъуэщI лIыхъужьхэми ятеухуахэр.

Хабзэ пыухыкIа зимыIэ лъэпкъым къэралыгъуи хуэухуэнукъым. Мэтыкъуэ Изэти (I9I2) Цагъуэ Нурии (I9I8) адыгэ хабзэм хуэдэу хабзэ дахэ щымыIауэ ятх: «Уэркъыжь унафэкIэ псэуахэми, джумхъурыгъэкIэ псэуахэми икъукIэ псэукIэ дахэ яIащ. Мыгъуэрэ бэгъуарэ зэхэпцIыхукI-уэ, къару зыбгъэдэлъыр къарууншэм екъуэншэкIыуэ щытакъым, екъуэншэкIынуэ гъуэгу иIакъым. Я былым, я псэ, я сабий, я цIыхубз зэрахъумэу щытар полицэтэкъым, дзэтэкъым, — хабзэт, укIытэт, хабзэм едэIуэныгъэт, фIэлIыкIыныгъэт». Мыбдеж псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, бейгуэлракъэ езыр полицэ хъужыр? Бейгуэлыныр фейдэ хэхыпIэми, фэжагъуэхьт, уэркъышхуэм и щхьэ иримыпэс дэтхэнэ зы Iуэху мыфэмыцхэр мыбыхэм ягъэзэщIэн хуей хъурт. «ПыIэ къэхь» жаIэрэ ягъэкIуамэ, щхьэ къэзыхь куэд къахэкIырт. Тхьэм ирещIи, апхуэдэ зыгуэрщ «Дыгъужьрэ уэркъыжьрэ», «Бейгуэлыр псэжьым къыхаш» — щIыжаIар.

Пщытелажьэмрэ уэркъым хуалэжьыпхъэхэмрэ тхьэмыщкIэр нэхъри нэхъ тхьэмыщкIэж, бейр нэхъ беиж ищIырт. Апхуэмыдэмэ, тепщэныгъэр дэнэ къикIынт? Къэбэрдейр зы унафэм щIэмыту, пщыуэлий хах пэтми, емыдэIуэн ялъэкIыу, пщыжылагъуэ-жылагъуэу гуэшат. Пщыжылагъуэ къэс езым и хабзэ иIэжт, зэрызэщхьэщыкI щIагъуэ щымыIэми. Апхуэдэ зыт «Анзорей хабзэ» жыхуиIэр. Урысыр къихьагъащIэу, I780 гъэм, мыр Тэтэртуп деж щитхыгъащ «Къэбэрдей цIыкIум» (урыс жыIэкIэу жыпIэмэ) я пристав, нэмыцэ щылъху, майор Андрей фон Сисинг. Тхылъым фIища дыдэр мыращ «ЛIэкъуэлIэш Анзорхэ, ахэм я уэркъщауэлIгъусэ Пэрытхэ, пщычэу Джэшокъуэхэ я пщылIунагъуэхэм я илъэс хьэкъхэр».

 

 

Сокъур Валерэ.
Поделиться: