Нэхъыжьым жиIэм уемыдаIуэмэ…Теплъэгъуэ Зэхуэпэжрэ зэхуэгуапэу зэныбжьэгъуитI псэурт. Ахэр щIэх-щIэхыурэ зэкIэлъыкIуэрт зэрыщIэрт. Зэманыр кIуэурэ зэныбжьэгъуитIым языр дунейм ехыжащ. Абы иужькIэ илъэсым щIигъуауэ лIам и къуэр и адэм и ныбжьэгъур илъагъуну хьэщIапIэ кIуащ. ЛIым и ныбжьэгъум и къуэр иригъэблагъэри игъэхьэщIащ. Абыхэм яку дэлъа зэныбжьэгъугъэ быдэм и гугъу хуищIыжащ, я хъыбархэм ящыщи хуиIуэтэжу зэбгъэдэсащ. Бысымым я гъунэгъум хьэгъуэлIыгъуэ яIэти, лIыкIуэ къыхуагъакIуэ, лIыр хьэщIэхэм хагъэсыну ираджэу. Езым хьэщIэ зэриIэр щхьэусыгъуэ щищIым, ари здишэу хьэгъуэлIыгъуэм хигъэтыну къелъэIуащ. Апхуэдэу щыхъум, лIым щIалэщIэр игъэтIысри иущиящ: -ДыздэкIуэм «хьэщIэ щIалэ щыIэкъым», жаIэнурэ жьантIэм удагъэтIысхьэнущи, хэт къыщIыхьэми уздагъэтIыса шэнтыр умыхъуэж. Ефэ-ешхэм и кIэухым деж щхьэ щIэлъэныкъуэр къытрагъэувэнущ. Абы сэ и гъусэу къахь хабзэщ, ауэ ар щыбгъурымылъи къохъури: «Хэт сэ иIыгъ?» -жаIэу щIэупщIэмэ, уи сэр къипхыу зыми иумыт. ЩIалэщIэр а псоми гупсэхуу едэIуа щхьэкIэ, зыри игъэзэщIакъым. Зыгуэр къыщIыхьэху къыщылъэтрэ игъэтIысурэ жыхафэгум къэсат щIалэр. Iэнэр и кIэм щынэсым щхьэ щIэлъэныкъуэм сэ бгъурымылъу къахь, щхьэр зыкъутэну зыхуагъэфэщам: «Хэт сэ иIыгъ?», - жиIэу зэрыщIэупщIэу, щIалэм и сэ гъэщIэрэщIар кърехри, ирет. Щхьэр зыкъутэр сэм ехъуэпсати: «Мыр ахъшэ сомищ и гъусэу сфIадыгъуауэ щытащ. Сыту фIыуэ укъысIэрыхьэжа иджы», - жиIэри щIалэм зыкъридзащ. ХьэщIэр зейр япоуври, абы лей къызэрытримыгъэхьэнур яжреIэ. - Ар уи унэ пшэжмэ, суд тетщIэху бгъэIущынущ, - жаIэри къратыжын ядэркъым. Зы псалъи жримыIэну къигъэгугъэри и хьэщIэр и унэ къешэж. Ар зы пэшым щIегъэтIысхьэ. Щхьэгъубжэ зыхэлъ блыныр я зэхуакуу, езыр нэгъуэщI пэшым щIотIысхьэж. Блыным и щхьэгъубжэмкIэ плъэмэ, щIалэм елъагъу: «НыбжызоIэ си пыIэ, зэхэщIыкI си хьэщIэ, - жиIэурэ лIым и пыIэр игъэтIылъауэ мэпсалъэ. - А сэр зейуэ жызыIа лIыр сэри куэд щIауэ къэслъыхъуэрт. НыбжызоIэ си пыIэ, зэхэщIыкI си хьэщIэ, а сэр зейр си адэр зыIэщIэукIаращ. Жэщ гуэрым си адэм зыгуэр къеджэри щIишащ. Ар къыщIэмыхьэжуурэ нэху щащ. СыдэкIрэ сыплъэмэ, си адэм и гущхьэм мы сэр хэлъу къэзгъуэтыжащ. Абы лъандэрэ мы сэр згъэлъагъуэу къыздызохьэкI, иджы сэр зейр къэзгъуэтащ. Си адэр зыIэщIэкIуэдам хуэфащэ унафэ зыхуэщIынур хьэкумыращ». Нэху мэщри, ахэр хьэкумым макIуэ я Iуэхур зэхагъэкIыну. ХьэкумэщIыр щIалэм къебзэджэкIыну мурад зыщIа лIым йоупщI: - Мы сэр ууей хьэмэрэ дыкъэбгъапцIэрэ? - А сэр сызэрейр шэч къызытумыхьэжынщ, - жи мыдрейми зигъэщIагъуэу. ЩIалэм сэр къыздрихамкIэ щеупщIым, и адэм и ныбжьэгъум «пыIэм хуиIуэта хъыбарыр» жиIэжащ. - АтIэ, а сэр ущейкIэ, щIалэм и адэр зыукIари уэращ, - жиIэщ хьэкумыщIэми, пцIы зыупса лIым тезыр трилъхьащ. Апхуэдэу и адэм и ныбжьэгъум и фIыгъэкIэ хейуэ суд пащхьэ къикIыжащ щIалэ хьэщIэр.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2024 - 17:16 →
ПащIэ Бэчмырзэ теухуа пшыхь
22.04.2024 - 17:00 →
Адакъэпщрэ Купраузрэ
19.04.2024 - 16:41 →
Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 →
Тхылъ тыкуэным
17.04.2024 - 11:45 →
ЕщIэнокъуэхэрэ КIэфыщхэрэ я таурыхъ
|