Ажек – Ажы-къуэ – Ажэ-къуэ

Сочэ зи фIэщыгъэ псым ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ къыхэлъадэ и къуэпсхэм ящыщ зыщ. Зи пкъыр IыхьитIу зэхэт псалъэм и къэхъукIэм теухуауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

«Ажы»-м убыххэм я бзэкIэ къикIыр дэ, адыгэхэм, «уэс» зыхужытIэрщ, «къуэ»-м, дызэрыщыгъуазэщи, ди бзэм мыхьэнэуэ тIу щиIэщ: «и бын» егупсысыкIэри, «къуэладжэ» е «тIуащIэ» къызэрыкIри. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ зиIэхэм къызэралъытэм тетщIыхьмэ, и фIэщыгъэр къызэрыдгурыIуэ хъунур «уэс джейм къигъэщIа псы цIыкIу» е «уэсыр щIэх зыдэмыбзэхыкIыж къуэладжэ» жыхуиIэущ.

Зыщыщ лъэпкъым ижькIэрэ къыдекIуэкIа щIыпIэцIэхэр джыным илъэс куэдкIэ телэжьа ди лъахэгъу, щIэныгъэлI КIуэкIуэ Джэмалдин «Адыгская (Черкесская) топонимия» и тхылъ цIэрыIуэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, зи гугъу тщIы псы цIыкIум зэреджэр зыхуэпхь хъунур къурш псэущхьэу «ажэ» жыхуэтIэм «я къуэбэкъу зэхуэсыпIэ» мыхьэнэм хуэкIуэжущ.

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я Хэкужьым и щIыпIэцIэхэм ящыщу зэрамыхъуэкIахэм я зэхэлъыкIэр зыфIэгъэщIэгъуэну, абыхэм я зэхэгъэувэкIэр зыгурыгъэIуэным лъэхъэнэ кIыхь езыгъэхьа лъахэдж гумызагъэ Ворошилов Владимир «Топонимы Российского Черноморья» и IэдакъэщIэкIым зэритымкIэ, фIэщыгъэр щIыпIэдэлъху убыххэм я бзэкIэ зэрыIуу щытар «ажэ-къуэ» жыIэкIэм хуэкIуэжущ. ИтIани, «ажэ»-м абыхэм я деж къыщикIыу къадекIуэкIар адыгэхэм «щыхь» зыхужытIэ псэущхьэм дызэреджэрщ. Ауэ щыхъукIи, Ворошиловым къызэрилъытэмкIэ, щIыпIэцIэр зыхуэхьыпхъэр «щыхьым и къуэ цIыкIу» е «щыхьхэр щызэхэзекIуэ, щыкуэд псыхъуэ» мыхьэнэхэм языхэзырщ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: