Экономикэ «щхъуантIэм» зэрытехьэну щIыкIэм тепсэлъыхьащ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым «Углеродыр мащIэу щызэрахьэ экономикэ лIэужьыгъуэм хуэкIуэ Урысейм мэкъумэшым елэжь и щIыналъэхэр зэрыхэувэ щIыкIэхэмрэ абы епха Iуэхугъуэ зэIумыбзхэмрэ. ЩIыуэпсым и щытыкIэм тещIыхьа проектхэр: IэмалыщIэхэмрэ хэкIыпIэщIэхэмрэ» зи фIэщыгъэ Iэнэ хъурейр иджыблагъэ щекIуэкIащ.
Ди щIыналъэм зиужьынымкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ абы и экономикэр дунейпсо мардэхэм игъэувэныр, бгъэдыхьэкIэ лIэужьыгъуэ щыIэхэр щIыпIэм иIэ щхьэхуэныгъэхэм елъытауэ гъащIэм хэпщэныр, щIыуэпсыр зыхъумэ, абы ягъэшхуэ езымыгъэкI проектыщIэхэр къыхэлъхьэныр. Углеродыр мащIэу щызэрахьэ экономикэ лIэужьыгъур щIэуэ къыхалъхьа Iуэху зехьэкIэщIэхэм ящыщщ, ауэ щIэупщIэ игъуэтащ, кIуэ эатми зеубгъу. Мис а экономикэ гъэпсыкIэр ди щIыналъэм щыщыIэ мэкъумэш IэнатIэм къыщыгъэсэбэпа зэрыхъуным теухуат щIэныгъэ зэхуэсыр.
ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министрым и къуэдзэ Белецкая Ольгэ, къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лэжьакIуэхэр, IэщIагъэлIхэр, щIэныгъэлIхэр.
Къызэхуэсахэм фIэхъус ярихэ нэужь, Белецкэм къыхигъэщащ щIэнIуатэр зытепсэлъыхьыну Iуэхугъуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм зегъэужьынымкIэ узыфIэмыкIыжын мыхьэнэ яIэу зэрыщытым, бжыгъэрылъанэм хуэкIуэ дунейм экономикэ «щхъуантIэр» къызэрыхихым, абы Iэмалу щыIэхэмкIэ ди щIыналъэри къыкIэрымыхуу кIэлъыщIыхьэн зэрыхуейм. «ЩIыуэпсым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр къэзымылъытэ проектрэ программэрэ щыIэкъым. Экономикэ лIэужьыгъуэщIэхэм къагъэув «щхъуантIагъэр» щытепщэ бгъэдыхьэкIэхэр къыхэхыныр, мэкъумэш IэнатIэмрэ промышленностымрэ къыщIагъэкI хьэпшыпхэр абыхэм къагъэув мардэхэм хуэшэныр. Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыбэу мэкъумэшым елэжь щIыналъэщ. Ди щIыуэпсыр зэрызэпIэзэрытым Iэмал къыдет зэблэушхуэ къыхэмыкIыу экономикэ «щхъуантIэм» и Iэмалхэр нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ къэхутэныр, ди щыIэкIэм къезэгъхэр нэхъ псынщIэу гъащIэм хэпщэныр. Шэч къытесхьэркъым щIэныгъэлIхэм нобэрей зэIущIэм псалъэмакъ купщIафIэ зэрыщевгъэкIуэкIынум, ди щIыналъэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ къэхутэныгъэщIэ куэд утыкум къызэрифлъхьэнум», – жиIащ министрым и къуэдзэм.
ЗэIущIэм и лэжьыгъэр зэфIэкIа нэужь, КъБР-м и унафэщIхэмрэ мэкъумэшымрэ экономикэмрэ заужьынымкIэ щIыналъэм щыIэ къулыкъущIапIэхэмрэ яхуэгъэзауэ Урысейм иригъэкIуэкI экономикэ «щхъуантIэ» политикэм нэхъ щIэх хэува зэрыхъунум теухуа чэнджэщхэр ягъэхьэзырынущ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: