НОБЭ

♦Шейм и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м и Дзэ-хьэрш къарухэм я Радиотехникэ дзэхэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
 ♦Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда журналистхэм я фэеплъ махуэщ

♦1699 гъэм Урысейр Юлиан махуэгъэпсым хуэкIуащ.
♦1749 гъэм Тэн Iус Ростов къалэм япэ псэупIэхэр ухуэн щыщIадзащ ягъэтIылъащ.
♦1762 гъэм Урысейм и пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм унафэ къыдигъэкIащ къэралым цIыху мащIэ дыдэ фIэкIа зэрымыс и щIыналъэхэм хамэ хэкухэм щыщхэр къитIысхьэну хуит щIыным теухуауэ.
♦1905 гъэм Санкт-Петербург «Пушкиным и унэр» – РАН-м урыс литературэмкIэ и институтым и Литературнэ музейр - къыщызэIуахащ.
♦1917 гъэм Дзэ Плъыжьым и япэ нагъыщэр – вагъуэ плъыжьыр – къащтащ.
♦1921 гъэм РСФСР-м и ВЦИК-м и деж Къэбэрдей автоном областым и лIыкIуэ щыIэныр хабзэу ягъэуващ.
♦1966 гъэм къызэIуахащ Сатурным и Янус спутникыр.
♦1972 гъэм ООН-м дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и зэгухьэныгъэр (ЮНЕП) къыщызэрагъэпэщащ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм Стокгольм щрагъэкIуэкIа я конференцым.
♦1832 гъэм къалъхуащ франджы инженер, гъущIым къыхэщIыкIа ухуэныгъэхэр проект щIынымкIэ IэщIагъэлI Эйфель Александр. Аращ къэзыгупсысар дуней псом щыцIэрыIуэ, иджы абы и цIэр зэрихьэу Париж дэт Эйфель чэщанэр.
♦1912 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБАССР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Балъкъэр Мухьэмэд.
 ♦1922 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, публицист Джэдгъэф Аслъэмырзэ.
♦1925 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мамбэт Хьэлым.
♦1928 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Дзу Iэбубэчыр.
♦1931 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Ло Инал.
♦1950 гъэм къалъхуащ политик, къэрал лэжьакIуэ Грызлов Борис.
♦1951 гъэм къалъхуащ УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэзан Аслъэнджэрий.
♦1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Мыз Майе.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - II, жэщым градуси 2 - 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Вындым и шыр ишхыжынумэ, сабэм хекухь.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ