«Шэрджэс» гупыр ягъэлъапIэ

Железноводск къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэкIащ «Национальная пре­мия имени Айседоры Дункан» V дунейпсо зэпеуэр. Ар къызэрагъэпэщащ иджы­­рей къафэм хэлъ­хьэ­ныгъэшхуэ хуэзыщIа къэфакIуэ цIэрыIуэм и щIыхь­кIэ. Саугъэт нэхъыщхьэмрэ япэ увыпIитIрэ абы къыщихьащ цIыхубэ къафэхэмкIэ «Шэрджэс» ансамблым (ху­до­жественнэ унафэщIыр БжьыхьэлI Замирщ).

Къалэ-зыгъэпсэхупIэм ще­кIуэкIа зэпеуэм зи зэфIэкI щызыгъэлъэгъуа къэфакIуэ гупхэм я нэхъыфIу къалъыта гупищым - саугъэт нэхъыщ­хьэр, япэ увыпIэр 11-м къыщахьащ, етIуанэр - 2-м зэдагуэшащ. 
Зэхыхьэм и гран-прир «Шэрджэс» ансамблым къыхуэ­зы­хьар «Псынэм деж» къа­фэрщ. Апхуэдэу япэ увыпIитI­ри а гупым и щIалэхэмрэ пщащэ­хэмрэ къыхуагъэфэщащ лъапэрисэмрэ абхъаз къафэмрэ папщIэ.
Кавказ лъэпкъхэм я къа­фэхэмкIэ мыгъэрей Урысей чемпионатым и саугъэт нэхъыщхьэри зи Iэрылъхьэ ­къэфакIуэ гупым мы илъэсыр зэрахуэугъурлар нэры­лъа­гъущ!­
 

БжьыхьэлI Розэ.
Поделиться: