Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Аргудан къуажэм щыщ Iыхьэм хьэщхьэрыIуэ узымкIэ мардэ пыухыкIа (карантин) щыгъэувыным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

Лэскэн районым хыхьэ Ар­гудан ­къуажэм и щIыналъэм хьэщхьэрыIуэ уз зыпкъ­рыт псэущхьэ щыIэу наIуэ къызэращIам къыхэкIыу, «Ветеринарием и IуэхукIэ» 1993 гъэм накъыгъэм и 14-м къащта Федеральнэ закон №4977-1-м, «ХьэщхьэрыIуэ узым зе­мы­гъэубгъунымкIэ, абы и къежьапIэр гъэкIуэ­дынымкIэ, карантин щыгъэувынымкIэ, щыIухыжынымкIэ, нэ­гъуэщI мардэ пыухыкIахэмкIэ ветеринар хабзэхэр къэщтэным теухуауэ» УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №705-м япкъ иткIэ икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ВетеринариемкIэ и управ­лением и унафэщIым 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м къигъэхьа тхыгъэ №38-02-06-1509-м тету, хьэщхьэрыIуэ узыр гъэ­кIуэдын мурадкIэ:
1. Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Аргудан къуажэм и Лесная уэрамым тет унэ-лъапсэ ­№12-м хьэщхьэрыIуэ узым и къежьапIэр зэрыщыIэр къэгъэлъэгъуэн.
2. Унафэм и япэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуа лъапсэм мардэ пыухыкIахэр (карантин) щыгъэувын, илъабжьэкIэ къакIуэ Iуэхугъуэхэр ягъэзэ­щIэ­нымкIэ хуитыныгъэ ямыIэу:
узыр зыхуэлъэ псэущхьэхэм емы­Iэзэну;
хьэщхьэрыIуэ узыр къыщыхъеяуэ къалъыта лъапсэм, абы щыпсэухэм къищынэ­мыщIауэ, нэгъуэщI цIыхухэр ямыгъэкIуэну, Урысей Федерацэм и ветеринар къэрал IэнатIэм и Iуэху­щIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр, апхуэдэуи узым и къежьапIэр гъэ­кIуэ­дыныр зи къалэнхэр хэмыту;
узыр зыхуэлъэ псэущхьэ­хэр, нэхъапэкIэ, махуи 179-м къриубыдэу, хьэщ­хьэрыIуэ узым зэрыпэщIэт вакцинэр зыхалъхьахэр хэмыту, псэущхьэхэр щаукI щIыпIэхэм яшэну;
узыр зыхуэлъэ псэущхьэхэр а щIы­пIэм ирашурэ нэгъуэщI щIыпIэ я­шэну;
псэущхьэ лIахэм я фэр трахыну;
узэщIакIуэ хъуну лIэужьыгъуэхэм хагъэхьахэм ящыщу узыр зыхуэлъэ псэущхьэхэм ещэкIуэну.
3. ХьэщхьэрыIуэ узыр къыщежьам и гъунапкъэм и хъуреягъкIэ къегъэ­щIы­лIа метр 500-м пэIэщIэ защIыну гъэувын.
4. Мардэ пыухыкIахэр (карантин) къэщ­тэн мы унафэм и ещанэ Iыхьэм къыщыгъэ­лъэгъуа къуажэм Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр щемыгъэ­кIуэ­кIы­ным теухуауэ:
узыр зыхуэлъэ псэущхьэхэм егъэ­щIылIа жармыкIэ, сату, нэгъуэщI Iуэху­гъуэхэр къы­зэра­мыгъэпэщыну;
узыр зыхуэлъэ псэущхьэ Iэлхэр зоопаркым яшэн папщIэ къамыубыдыну.
5. Мы унафэм и 2-нэ, 4-нэ Iыхьэхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм хуа­гъэува мардэ пыухыкIахэр (карантин) щыIэнущ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и Iэтащхьэм ахэр Iухыжы­ным теухуа унафэ къыдигъэкIыху.
6. Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм ВетеринариемкIэ и управленэм хуэгъэувын хьэщхьэрыIуэ узыр гъэ­кIуэдыным хуэгъэзауэ зэфIэгъэкIыпхъэхэр Лэскэн муниципальнэ щIы­налъэм и щIыпIэ администрацэм щIыгъуу зэхилъхьэу игъэзэщIэну.
7. Мы унафэм къару егъуэт абы Iэ щыщIадза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и 
Iэтащхьэ КIуэкIуэ  Казбек

Налшык къалэ
2022 гъэм дыгъэгъазэм и 10
№179-РГ

Поделиться: