Къру гъуабжэ

 

Ар щхъуафэщ. И щхьэ щIыбым IэпапIэ плъыжьхэр хэсщ. И лъакъуэхэр фIыцIэщ. Я нэхъыбэм щIэжьей цIыкIухэр Кавказ ЩIыбым къыщраш, иныкъуэхэми а лъэныкъуэмкIэ щIымахуэр щрах. Кавказ Ищхъэрэм куэду ущрохьэлIэ, и тафэ, бгылъэ щIыпIэхэм гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ щагъакIуэ.

ЩIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щопсэу, ипщэ, ищхъэрэ щIыналъэ пхыдза дыдэхэм къищынэмыщIа. Европэр зи хэщIапIэхэм щIымахуэр Африкэм и ищхъэрэ тафэ-губгъуалъэхэм щрах.

Цы пхъашэ Iув тетщ. И лъакъуэ кIыхьхэм я лъэгур джафэщ. И дамэхэр мыин дыдэми, бгъуфIэщ, и пэ къарууфIэр хэшауэ кIыхьщ. И макъ жьгъырур жыжьэ мэIу. ПсынщIэу къижыхьми, щIэх езэшыркъым. Зэхъузэбзыр зэфэгъущ, «зэгуэгъущ» жыхуаIэуи зэдопсэу (моногамнэщ). Илъэсым тIэу цы япхъ.

Мы къуалэбзу телъыджэм къишыгъуэр жыгыщхьэм щызыгъакIуи щIылъэрыгъуалъхьи яхэтщ. Тафэ шэдылъэхэм щыпсэухэм я IутIыжыгъуэщ.    

Кърур, гуоурейми, сакъщ. КъэкIыгъэхэр, псом хуэмыдэжу мэракIуэхэкIхэр я щIасэщ, хьэндыркъуакъуэ, блэ, дзыгъуэ хуэдэхэри я мыхьэмышхкъым.

Мы псэущхьэм ехьэлIауэ адыгэхэм псэлъафэ зыбжанэ диIэщ. Абыхэм ящыщщ: «Кърум шыр имыIэмэ, зы бзущ»; «Кърум мывэ жьэдэлъу нэху егъэщ», нэгъуэщIхэри. Псыжь адрыщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я деж къыщекIуэкI къуажэхьхэм ящыщщ мыри: «Модэ къикI лъакъуэ кIыхь, дищI къихьэ сэрэбжэн, зи нэ хьэджэфэнэ, зи фэ фэрафибл, къуажибл къызэптами-уэзмытын» жыхуиIэр.

Кърум и псэукIэм, и дуней тетыкIэм ижь-ижьыж лъандэрэ кIэлъыплъхэм а псэущхьэр хэкур фIыуэ лъагъуным, абы щыпкъэу хущытыным и дамыгъэу къалъытэ. ХуабапIэ лъыхъуэу уэгум илъэтэж кърум къриш «уэрэд-макъамэм» хэкур IэмалыншагъэкIэ зыбгынэ цIыхум и псэм щыщIэр къигъэлъагъуэ хуэдэщ. Абы щIэдэIум ар и псэм дэмыхьэнкIэ, и гум емыхуэбылIэнкIэ Iэмал иIэкъым.

Кърур Китайм гъащIэ кIыхьым и «джакIуэу», Японием губзыгъагъэм и дамыгъэу, Урысейм Тхьэм и къуалэбзууэ къыщалъытэу щытащ. Адыгэхэм ар дыгъэ къыкъуэкIым дунейр зэригъэхуабэм хуагъадэу, лъагъуныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ я нэщэнэу ябжырт.

Дагъыстэным щыщ усакIуэ цIэрыIуэ Гамзатов Расул «Кърухэр» зыфIища и усэр зэхэзымыха цIыху ди къэралым къыщыгъуэтыгъуейщ. Композитор Френкель Ян макъамэ щIигъэувэу Бернес Марк уэрэду игъэзэщIэжа иужькIэ, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ, гупсысэ куу зыщIэлъ гъыбзэ дахэ хъуауэ къыддокIуэкI ар.  

 

БРАТ Хьэсин «Адыгэхэм я куалэбзу щIэныгъэр» тхылъым къитхащ.
Поделиться:

Читать также: