Урысейм и чемпионатым ирагъэблагъэКикбоксинг Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ къалащхьэм и чемпионат зэIуха. Зэхьэзэхуэм щызэуа спортсмен 410-м яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Бахъсэн Рэмэзан. Щыбэна гупым хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуахэр зэIущIэхэм хухаха зэманыр и кIэм нэмысу щыхигъащIэурэ, ди лъэпкъэгъур чемпион хъуащ. Иджы Бахъсэным Iэмал къыхукъуэкIащ мэлыжьыхьым и 23-28-хэм Самарэ къалэ щызэхэтыну Урысейм и чемпионатым зыкъыщигъэлъэгъуэну. Абы кърикIуахэм япкъ иткIэ мы гъэм и фокIадэм Босниемрэ Герцоговинэмрэ щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым кIуэну ди къэралым и командэ къыхэхар зэхагъэувэнущ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:31 →
АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
22.04.2024 - 17:11 →
Доттуев Ахъмэт ягу къагъэкIыж
|