«Налмэсыр» ди хьэщIэщ

Налшык Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэм дыгъэгъазэм и 14 - 15-хэм гуапэу къыщ­рагъэблэгъащ Адыгэ Республикэм цIыхубэ къафэхэмкIэ и «Налмэс» къэрал академи­ческэ ансамблыр икIи концерт гукъинэж ­щитащ. Ансамбль цIэрыIуэр илъэс 85-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Кавказ Ищхъэрэм и къалэхэм щата программэ телъыджэхэм язщ пшыхь щIэщыгъуэр. 

Дуней псом щыцIэрыIуэ, дэнэ щIыпIи щыпсэу адыгэхэм фIыуэ ялъагъу «Налмэс» ансамб­лыр республикэм зэрыщыхьэщIа ма­хуитIым ита концертхэм хагъэхьащ гупым и ­художественнэ унафэщI икIи и балетмейстер нэхъыщхьэ ­Хъуэжей Аслъэн и лэжьыгъэ телъыджэхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм фIыуэ къыщацIыху балет­мейстер Къул Амырбий нэ­хъапэIуэкIэ игъэу­вауэ щыта къафэхэмрэ.
Зи фащэкIи, зыIыгъыкIэкIи, утыку итыкIэкIи дагъуэншэу зыкъэзыгъэлъагъуэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ лъэпкъ щэнхабзэм и дахагъэр ­гъунэгъу щIыналъэхэми хамэ къэралхэми нахьэсащ. Ансамблым и дэтхэнэ къафэ лIэужьыгъуэми лъэпкъым и хабзэ, щэнхабзэ, IуэрыIуатэ хъугъуэфIыгъуэхэр хыболъагъуэ. Апхуэдэщ илъэс пщIы бжыгъэкIэрэ гупым иригъэфIакIуэу игъэзащIэ лъапэрисэ, ислъэмей, удж ­къафэхэр. Псом хуэмыдэу пшыхьыр щIэщыгъуэ ищIащ ансамблым и программэм мазэ зыбжанэ ипэкIэ хагъэхьа «Налмэс-налкъут» хореографие новеллэм. Абы къафэм и бзэмкIэ къыщыгъэлъэгъуащ лъэпкъым и зэкъуэтыныгъэр, и щыIэкIэмрэ хабзэ дахэхэмрэ. Гъуазджэм и лъага­пIэм нэса «Налмэсыр» къэфакIуэ ныб­жьы­щIэхэм я гъуэгугъэлъагъуэщ.
ЦIыхубэ къафэхэм я дахагъэмрэ лъапIагъэмрэ зымыгъэкIуэду илъэс 85-рэ хъуауэ утыку ит, ди лъэпкъ къафэхэмкIэ адыгэр дуней псом къезыгъэцIыхуа ансамблым цIыхухэмрэ къэралхэмрэ зэпащIэ. СыхьэтитIым нэскIэ екIуэкIа ­концертым къэфакIуэхэм щагъэлъэгъуа да­хагъэ мыкIуэщIым еплъахэм къарита гукъы­дэжымрэ дэрэжэгъуэмрэ къэIуэтэжыгъуейщ! Абы и щыхьэтт «Налмэсым» хуаIэта Iэгуауэ   мыу­хыжыр!

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: