ТхакIуэ, журналист Гъэунэ Борис

Псэужамэ, мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут тхакIуэ цIэрыIуэ, журналист Гъэунэ Борис Хъызыр и къуэр. Илъэсищ ипэкIэ дунейм ехыжа а цIыху гуа­щIафIэр лъэпкъ литературэм езым и лъа­гъуэ щы­пхызышыфахэм ящыщщ.

Борис 1941 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м Къармэхьэ­блэ (Каменномост) къуажэм къыщалъхуащ. Нэгумэ Шорэ и цIэр зэрихьэу абы дэт курыт школ №1-р къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Къэбэрдей-­Балъкъэр къэ­рал университетым и тхыдэ-филологие факультетым. 1970 гъэм еджапIэ нэхъыщхьэр ехъу­лIэныгъэ иIэу къиухри, Гъэу­нэр илъэс куэдкIэ щылэ­жьащ ди республикэм Телевиденэмрэ радиовещанэмкIэ и къэрал комитетым. Корреспондент, редактор, иужьыIуэкIэ литературэ-драмэ редакцэм и унафэщI къалэнхэр ирихьэкIащ. Гъэу­нэ Борис 1985 гъэм и фокIадэ мазэм къыщыщIэдзауэ илъэс 20-м нэскIэ лэжьащ «Эльбрус» къэрал тхылъ ­тедзапIэм и редактору, иужь зэманым «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и ­секретару щытащ. И гуа­щIэкIэ къихьа ­ехъулIэныгъэхэм папщIэ тха­кIуэм къыхуагъэфэщат СССР-м и Къэрал телерадиом, Урысей Федерацэм печатымкIэ и къэрал комитетым я щIыхь тхылъхэр. Борис Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэ­ныгъэхэм хэтащ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и ­жур­налист» цIэ лъапIэри къыфIащат.
Гъэунэр лъэпкъ литературэм къыхыхьащ зи макърэ зи хъэтIрэ зиIэж тхакIуэ IэкIуэлъакIуэу, и Iэдакъэ­щIэкIхэм къыщигъэщIа образхэри щIэщыгъуэщ. Ар нэ жанкIэ гъащIэм пхыплъыф цIыхут, адыгэ хьэл-щэныр, ди хабзэхэр, ди псэукIэ-зэхэтыкIэр дахэу, удихьэхыу абы и тхыгъэхэм къыщиIуэтэфырт. Гъэунэ Борис ли­тературэм куэд зэры­щы­хузэфIэкIынур наIуэ къэ­хъуащ «Нэхулъэ» зыфIища и япэ тхылъыр дунейм къы­щытехьам.
ТхакIуэм нэхъ къехъулIауэ къалъытэхэм я гугъу пщIы­мэ, Iэмал имыIэу къыхэгъэщыпхъэщ: «Чыщбалъкъ акъужь», «Уэ къэкIуэж за­къуэ, папэ», «Пощтым», «Псы Iубыгъуэ», «Нэхулъэ», «Шыцуэс», «Бабыцэ сымэ», «Къэбгъэзэжатэмэ лъапсэ­жьым», «ХьэщIэ» Iуэтэж­хэр, «Зэш-зэхуефэ» тхыгъэр, нэгъуэщIхэри.
Борис и цIыху щIыкIэкIэ пхъашэу къызыщыхъуи щы­Iэт, ауэ ар гъунэгъуу зы­цIыхуа дэтхэнэри щыгъуазэт абы и псэ къабзагъэмрэ гу пцIанагъэмрэ. Зауэм зи сабиигъуэр зыIэщIихахэм ящыщщ Гъэунэр, а мафIэм къыздихь гузэвэгъуэ псори зи нэгу щIэкIа щIалэ цIыкIур иужькIэ абы куэдрэ гущIыхьэу, IупщIу и тхыгъэхэм щатепсэлъыхьыжащ. ЩIэ­ныгъэлIхэм къызэралъы­тэмкIэ, пасэу къалэмыр къэ­зыщтэ дэтхэнэри абы гъащIэм ирихулIэу, ар гугъуехь е цIыхум и псэм телъ хьэзаб гуэр къыпхиву аращ. Борис тхэн щыщIидзам илъэс 16 хъууэ арат. Абы и япэ сатырхэм щегъэжьауэ иужькIэ итхахэми лъабжьэ яхуэхъуар гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэщ.
«ГъащIэм къыщыхъуа Iуэ­хугъуэр лъабжьэ хуэмы­хъу­мэ, ар тхыгъэкъым. Ар гум емыпхъуэмэ, псэм зыхимыщIэмэ, цIыхур еджэнукъым. ГъащIэм къыхэкIа тхыгъэрщ щIэджыкIакIуэр къызэрыпхудэхьэхынур. Щы­Iэщ ар къызыгурымыIуэ тхакIуэхэри, я Iэдакъэ­щIэкI­хэм къагупсыса Iуэхугъуэ гуэр лъабжьэ хуащIрэ, я Iэпэм «къыщIафыкIыу» тIы­сыжу. Тхылъеджэр къыпхуэгъэпцIэнукъым. «Мыр зытхами тхакIуэу зыкъелъы­тэж», - къыпхужаIэнурэ ежьэ­жынущ, уи тхыгъи абы иужькIэ къилъыхъуэжынукъым. Сэ усэ щIэзмытхыжри аращ. Сигу ирихьыжкъым ар къызэрызэхъулIэр. Сэ сызэрызэплъыжам хуэдэу нэгъуэщI зыкъомыр зэплъыжауэ щытамэ, апхуэдиз усэ мышыур нобэ дунейм къытехьэнтэкъым», - щыжеIэ Гъэунэм ди газетым ирита интервьюхэм я зым.
Борис зыцIыхуа дэтхэнэри щыхьэт техъуэфынущ ар ­захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ я телъхьэу зэрыпсэуам. «ЦIыху», «АдыгэлI», «Тха­кIуэ» псалъэ лъапIэхэр игъэ­пэжын, абыхэм яхуэфащэу дунейм тетын папщIэ ар къызэрымыкIуэу и щхьэ хуэткIиижу щытащ.
Гъэунэ Борис и тхыгъэр и лъабжьэу режиссёр щIалэ Хьэмокъуэ Олег «Уэ къэ­кIуэж закъуэ, папэ» фильм адыгэбзэкIэ трихати, куэд дыдэм ягу ирихьащ. Абы Гъэунэри хуабжьу щыгуфIыкIауэ щытащ.
«Фильмыр хьэзыр хъухукIэ Iуэхум зыри хэсщIыкIакъым. Утыку къыщрахьэнум хъыбар сагъащIэри, Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм срагъэблэгъащ. Апхуэдэ пщIэ а си тхыгъэм зэригъуэтар ­икъукIэ си гуапэ хъуащ, ар щагъэлъагъуэм гуфIэгъуэми гуIэгъуэми сызэщIаубыдат. Рассказым щIэслъхьа гупсысэр зыри IэщIэмыхуу къигъэлъэгъуэфащ режис­сёр щIалэм. Ар куэдкIэ и фIыщIэу къызолъытэ абы и сценарийр зытха Хьэгъундокъуэ Сэлисэт. Нэхъ сытегузэвыхьат си адэм и письмом нанэ сыкъыщыхуе­джэм, абы иIа гурыгъу-гу­рыщIэхэр Балъкъэр Та­марэ зыхищIэфыну пIэрэ жысIэ­ри. АрщхьэкIэ абы къигъэлъэгъуэфащ нанэ и псэм телъа гузэвэгъуэр, къуэ­рылъхур письмом къыщеджэм Тамарэ и нэпс пIащэ ткIуэпсхэр напэм къе­жэхырт. Адрей ролхэр зыгъэзэщIахэу Балъкъэр Юрэ, КIэхумахуэ ФатIимэ, Що­джэн Мурат, Унэжокъуэ Ислъам сыми я джэгукIэм наIуэ къищIащ тхыгъэм щIэлъ гупсысэр зэрызыхащIар», - жиIат Гъэунэм.
ЦIыхур дунейм ехыжа иужькIэ сыт къанэр? Абы пхиша лъагъуэмрэ къилэжьа цIэмрэщ! Борис и ныбжьэгъуу щытахэм хужаIамрэ теухуауэ ятхамрэ гъунэжщ, абыхэм ящыщ зыбжанэ си гуапэу фи пащхьэ изолъхьэ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: