Хуитыныгъэхэр хъумэнырщ къалэн нэхъыщхьэрПравительствэм и Унэм щекIуэкIащ цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу республикэм щыIэм и деж щызэхэт Эксперт советым и зэIущIэ. ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис и докладым къызэрыхигъэщамкIэ, илъэс 15-м нэблэгъауэ республикэм щыIэ зи унафэщI IэнатIэм мы гъэм къриубыдэу тхьэусыхафэ 284-кIэ зыкъыхуагъэзащ, абыхэм ящыщу 165-р тхыгъэкIэ. ЩытыкIэхэм зыщагъэгъуэзэн мурадкIэ уполномоченнэри и аппаратым хэтхэри УФ-м и УФСИН КъБР-м щыIэм и IэнатIэхэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-м пIалъэкIэ цIыхухэр щаIыгъ и изоляторхэмрэ 22-рэ щыIащ. Абыхэм щаIыгъ цIыху 75-м Зумакуловым зыкъыхуагъэзащ я хуитыныгъэхэр яхъумэну.
Поделиться:
Читать также:
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
06.04.2024 - 09:00 →
Мэкъумэш IэнатIэм и зэфIэкIхэм арэзы къещI
09.03.2024 - 13:10 →
Мэкъумэш IэнатIэр я нэIэ щIэтщ
|