ДэрэжэгъуэкIэ яхуоупсэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ «ХъуэпсапIэхэм я псей» урысейпсо псапащIэ Iуэхум хэтащ икIи республикэм ис сабийхэр игъэгуфIащ.

Сабийхэр Парламентым и Унэм къригъэблагъэри, гуапэу ядэуэршэращ, дэтхэнэми и гурылъхэр къехъулIэну ехъуэ­хъуащ, саугъэткIи яхуэупсащ.
Илъэс 13 зи ныбжь Даянэ смарт-сыхьэт, шэрхъ зыщIэт лъэрыжэ, игъусапхъэр дэщIыгъуу, иритащ, арат пщащэм и ­хъуэпсапIэр. Абы и ныбжь Николаи, унэм къыщигъэсэбэпын Iэмэпсымэхэр тыгъэ хуи­щIащ Егоровэм. Спорт кIэстум щIэ­хъуэпс Диани къыIэрыхьащ зыхуейр, абы жиIащ спортым хуабжьу зэрыдихьэхыр. Таня и ­хъуэ­псапIэри ягъэзэщIащ а махуэм - щхьэ­цыр зэрагъэдахэ хьэпшыпхэмкIэ ягъэгуфIащ.
НыбжьыщIэхэр Парламентым и Унэм къыщрашэкIащ, къалэм я нэгу зыщрагъэужьащ, республикэм и Псей нэхъы­щхьэм деж щыIащ.
- «ХъуэпсапIэхэм я псей» акцэр Iуэ­хуфIщ. Дэ сытым дежи жыджэру дыхэтщ абы. Сабийхэр зэрыгуфIэр, я гурылъхэр къазэрыдэхъур плъагъун нэхърэ нэхъ гухэхъуэ сыт щыIэ. Дэтхэнэ зы балигъым дежкIи гуфIэгъуэщ ар. Сабийхэм я фIэщ хъууэ щытын хуейщ телъыджэхэр къызэрыхъур, хъуэпсапIэхэр нахуапIэ зэрыхъур. Парламентархэм я нэIэ щIэт зэпытщ сабий зеиншэхэр, зи адэ-анэ я нэIэ щIэмытыжхэр, гъащIэм щытыкIэ гугъу иригъэува цIыкIухэр здэщыIэ IуэхущIапIэхэр. Сэ мы гъэм къысIэрыхьа лъэIухэр Нартан, Зеи­къуэ, Нарткъалэ щыIэ апхуэдэ IуэхущIапIэхэм щыпсэу сабийхэрат зейр. Мызэ-мытIэу абыхэм дызэрыщыIам къыхэкIыу, иджы езыхэр къезгъэблагъэу депутатхэр зэрылажьэр, хабзэхэр щызэхалъхьэ унэр язгъэлъагъуну, саугъэтхэм нэмыщI, махуэшхуэ яхуэсщIыну мурад сщIат, - жиIащ Егоровэ Татьянэ.
Къалэм зыщаплъыхьа нэужь, ныбжьыщIэхэр сабий шхапIэм яшащ, абдеж цIыкIухэм я мурадхэм, къыхахыну зыхуей IэщIагъэм, нэгъуэщIхэми щытепсэлъы­хьащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «ХъуэпсапIэ­хэм я псей» урысейпсо псапащIэ Iуэхум хэтащ КъБР-м и Парламентым и депутат псори. Щхьэж къылъыса лъэIухэр Илъэ­сыщIэр къэмыс щIыкIэ ягъэзэщIэнущ. Абы нэмыщIи, я нэIэ щIэт IуэхущIапIэхэр зыщагъэгъупщэркъым, IэфIыкIэхэр мы махуэхэм ирагъашэ.
 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: