ЩХЬЭКIУЭ ЗЫШЭЧ ЩХЬЭ ШХЫГЪУЭ ЙОХУЭ,

е Пщы уэлий ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и лIыгъэр

Адыгэпщ цIэрыIуэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ Къэбэрдейр кърымыдзэм къызэрыригъэлам теухуа хъыбар телъы­джэм ХьэтIохъущыкъуей хъыбархэм я жьантIэр къылъос. Ар дунейм щикъухьа адыгэхэр щыпсэу щIыпIэ куэдым ноби щызокIуэ. Абы теухуа тхыгъэхэр тхыдэ хъумапIэхэм щыIэщ, тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэм итщ, тха­кIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ куэдрэ зэIэпахащ. Псом хуэ­мыдэу мы хъыбарыр зыубгъуауэ щызокIуэ езыр къыщежьа Хьэ­тIохъущыкъуей жылагъуэжьхэм я хэщIапIэ Бахъсэн аузым.

Си щIалэгъуэм щыщIэдзауэ сэри мызэрэ-мытIэу сыщIэдэ­Iуащ абы. Зеикъуэ дэса ди хьэблэ лIыжь телъыджэхэу БжьыхьэлI Джырандыкъуэрэ абы и къуэ Те­мыркъанрэ, Пщыгъуэтыж Алджэ­рийрэ абы и къуэ Мухьэмэдрэ, Щоджэн Iэсхьэд, Темыр Машэ, си адэшхуэ Къэрмокъуэ Лъостэнбэч сымэ, нэгъуэщIхэми зэпадзыжу, зым щиухым деж адрейм къыпищэу, яIуэтэжырт Кургъуокъуэ и лIыгъэм, и шыIэныгъэ иным теухуа хъыбарыр. Iуэтэжын яуха нэужь, нэхъыжьым щIигъужырт: «Апхуэдэ гуэрщ-тIэ адыгэм «щхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ щIыжиIap».
Илъэс щищ ипэкIэ Къэнжалышхуэ гъэмахуэ хъупIэм деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм и хъыбарыр а гъуэгуанэ кIыхьым и кхъузанэм куэдрэ иухуэнщIауэ, налъэ зэмыфэгъу Iэджэу зэгуиухуэнауэ ди деж къэсащ. Тхьэ зытепIухь мыхъун гуэрхэр хэплъагъуэ пэтми, хъыбарым купщIэ хуэхъуа пэжыр къабзэу хъума хъуащ.
Сыт щыгъуи хуэдэу, адыгэпщхэр зэм зэгурыIуэрти хэкур зэдахъу­мэрт, лъэпкъри насыпыфIэу псэурт. Зэми зэщыхьэжырти, къулейсыз зэрыгъэхъурт, ихъуреягъкIэ щыIэ я бийхэми тегушхуэгъуа­фIэ къащIырт.
Псом хуэмыдэу адыгэхэм я Iуэхур дыкъуакъуэ ищIырт абыхэм я ныкъуэр Тыркумрэ абы и гъусэ КърымымкIэ, адрейхэр УрысеймкIэ еплъэкIыу зэпеIэ гупитIу гуэша зэрыхъум. Ауэ Къэбэрдейм къахэкIырт и щхьэр зыми хуимыгъэщхъыу хэкур езым и унафэкIэ псэужыным, щхьэхуитыныгъэм зи псэр пэзыгъэтIылъ цIыху лъэщхэр.
ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ шыIэныгъэри, лIыгъэри, акъылри, Iэмалри зэуIу зыщIыфа икIи ардыдэмкIэ хэкур бий шынагъуэм къезыгъэлыфа пщы губзыгъэщ. Абы и Iуэхум Нэгумэ Шорэ зэрытет­хыхьымрэ Зеикъуэ лIыжьхэр теп­сэлъыхьыжу зэрызэхэсхамрэ куэдкIэ зэщхьэщымыкIыу зэтохуэ.
Адэ нэхъ пасэм щыгъуэ, Урысейм апхуэдэ къару щимыIам, адыгэ хэкур Iисраф зэтезыщIэу щытар кърым тэтэрхэрщ. Тырку къэралыгъуэ абрагъуэр сыт щы­гъуи зи дэIэпыкъуэгъу кърым хъан­хэр дзэшхуэкIэ къатеуэрт адыгэ­хэм. Псом хуэмыдэу ахэр нэхъыбэу зыхуэлъэр Къэбэрдейрт. Хэку къулейр яхъунщIэрти, мылъкушхуэ ирахырт. ЛIыгъэ зиIэ ди лъэпкъым и цIыхухэр гъэру яшэрти, зауэлI лъэщ зэрыхъум папщIэ, лъапIэу тырку бэзэрхэм щащэрт. Къэбэрдей пщащэ куэдым я дахагъэм ­къапигъаплъэр хамэ щIыпIэмрэ тырку уэншэкухэмрэт.
Къэбэрдеипщхэр зэмызэгъыж хъуауэ, пщы и пщыж фIэпщ хъуну лIыгъэрэ зэфIэкIрэ зиIэ яхэмытыжу хъыбар зыIэрыхьа кърым хъа­ныр, тырку сулътIаным дзэ къы­Iы­рихщ, езым ейри щIигъужри, Къэбэрдейм къытеуащ. Абы пэува зауэлIхэм хэщIыныгъэ ягъуэтауэ къикIуэтын хуей хъуащ. Ауэ бийм пэувыну къару нэхъыщхьэр щы­зэхуашэсар Бахъсэн аузырт. БжыгъэкIэ хуабжьу къекуэдэкI къры­мыдзэм лIыгъэ хэлъу езэуащ ахэр, арщхьэкIэ мащIэр куэдым пэлъэщакъым. Бахъсэн аузым щекIуэкIа а зауэ гуащIэм адыгэ зауэлI куэд хэкIуэдащ, къэнар бийм и дзэ фIыцIэм пэщIэтыфакъым.
Къэбэрдейм тепщэ щыхъуа кърым хъаным муслъымэн диныр адыгэхэм залымыгъэкIэ къари­гъащтэу щIидзащ, динзехьэ що­джэнхэр гущIэгъуншэу зэтриу­кIащ, яIэщIэкIар мэзым щIэлъэдэжащ, кIуэдыжыпIэ яхуэхъуа къы­рым ихьэжащ.
Хъаным къыпэув щымыIэжу зы­хуейр ищIэрт. Унагъуэ къэс цIы­хуиплI хуэзэу и дзэр ятригуэшащ, лIыри шыри ягъэшхэну. Пщыхэм я бын зыбжанэ анэмэту яIихащ, илъэсым хуэзэу цIыхуи 120-рэ иратыну къахуигъэуври. Ахэр зэфIигъэкIщ, мылъкур куэду зэщIи­къуэщ, ятриха цIыхур гъусэ ищIри хъаныр кIуэжащ, ауэ дзэмрэ абы и пашэу Бахъсэн псыхъуэ дэс пашамрэ къигъэнащ.
Кърымыдзэр фыщIэу, зауэу Къэбэрдейм и гущIыIу илъэс зыбгъупщIым нэс итауэ жаIэж. Уеблэмэ абы и лъэужьыр, я шы IыгъыпIэхэр зылъэгъуа нэхъыжьхэм яIуэтэжырт. Хъаным и унафэр фIэмэщIэжу, пашам ар нэхъри ­игъэбагъуэрт. ХъаныщIэ увыху щIалэщIэу щищ хурагъэшэн хуейт, а бжыгъэм зэпымычу хэхъуэрт.
Яхуэмыхьыж залымыгъэм зи дзэр хуэзылъ адыгэпщхэр къуа­гъым нэхъ къыкъуэкI хъуащ. Абыхэм къахэжаныкIат акъылрэ къарурэ бгъэдэлъу къызэфIэува ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ.
Апхуэдэу, кърымыдзэр Къэбэрдейм и гущIыIум иту, адыгэ лъэпкъ пагэр игъэпудын папщIэ лъэкI псори ищIэу здекIуэкIым, хъыбар мыфэмыц къэIуащ. Адыгэпщ Заур­бэч и щхьэгъусэм кърым пашар пыщIа хъуауэ яIуатэрт. Пэжи пцIыи? Хэт ищIэн а псор? Арати, Заурбэчым Беслъэней щIыналъэм дзэпщу щыIэ пашар иукIри, зэ­рыхуамыгъэгъунур къыгурыIуа­гъэнти, Хьэжрэтым щтапIэ кIуэжащ. А хъыбарыр кърым хъаным деж щынэсым, лъы зыщIэжын дзэ къигъэкIуащ. Абы унафэ пыухыкIа иIэт: е Заурбэчым и щхьэр шэсыпIэ иралъхьэн, ар ямыдэмэ, лъэпкъыр щысхьырабгъу имыIэу зэтеукIэн. Гузэвэгъуэм ирихулIа Беслъэнейм Заурбэчыр къалъыхъуэжри и атэлыкъыр лIыкIуэ xуaщIащ. Хъа­ным екIужыну, къыхуагъэгъуну ­гугъэ нэпцIкIэ кърашэлIэжа Заурбэч и щхьэр палъауи, хъаным деж Кърымым яшауи жаIэ. Абы и пэжыпIэр зыщIэр Алыхьырщ, ауэ хьэкъыр арти, цIыхубэм ятелъ хьэзабыр, хэхъуэ фIэкIа, зыкIи нэхъ мащIэ хъуакъым, гущIэгъуи щыIакъым.
Къэбэрдейм и гущIыIум ис кърымыдзэр, абыхэм я уна­фэщI­хэр апхуэдизкIэ удэфат зыхуейр ящIэури, цIыхухэр гум щIащIэрт, езыхэр итIысхьэжырти, куэдщ жаIэху кърашэкIын хуейт. Абыи къыщымынэжу, кърымыдзэм и Iэтащхьэхэм напэншагъэшхуэ ялэ­жьырт. Абыхэм яIэт дыщэпс зытегъэжыхьа баш цIыкIухэр. ПщIантIэ гуэрым адыгэ хъыджэбз дахэ щалъэгъуамэ, дыхьэрти унэ блыным я башыр кIэрагъэувэрт. Абы къикIырт а башыр зей дзэ Iэтащхьэм и унафэншэу а унагъуэм я бжэр ­хуащIынуи Iуахынуи хуимыту. Езыр жэщым а унагъуэм къанэрти, зэ­хъуэпса хъыджэбзым ириджэгуу нэху щигъэщырт. Абы щыгъуэ мыр къэхъуауэ яIуэтэж:
«Зэгуэрым, нэхъ лъэпкъ цIэ­рыIуэхэу Тамбийхэрэ Къундетхэрэ ящыщ щIалитI блэкIыу, ху щIэзыгъэпщу пщIантIэм дэт цIыхубзыр щалъагъум жаIащ:
- Сыту жьырытэдж мы цIыхубз дахэр, лэжьыгъэми хуабжьу хуэ­жыджэр хуэдэ, - и пащIэкIэ щIэгуфIыкIащ зы шур.
- Ныжэбэ кърым зауэлIхэм гукъыдэж къратауэ къыщIэкIынщ, - пищэжащ адрейм.
Абыхэм я псалъэр зэхихыу зигу ежэлIа цIыхубзри и жэуапым щысхьыжакъым:
- Телъыджэ жывоIэри! Фэ фхуэ­дэ шынэкъэрабгъэхэр щыпсэу ди зэманырщ апхуэдэ къыщыхъункIэ хъунур. Ныжэбэ кIуам ахэр сэ сщIыгъуащ. Ар фIыми Iейми зэ­фIэкIащ. Ауэ кърым зауэлIхэр пщэдей жэщ фи фызхэм я гупэ хэлъынущ. АтIэ фэ фылIрэ фымыкъэрабгъэмэ, фи унэ щIэс фи щхьэгъусэхэр абыхэм ящыфхъу­мэф. Армырмэ, фи пыIэр щхьэ­рыфхи ди IэлъэщIхэр зытефлъхьэ.
- Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ, ар къэдмыгъэхъун, - яхуэфащэу ­кърадзыжа жэуап гуащIэм къигъэлыба шууитIым тхьэ яIуащ. - Иджыпсту ХьэтIохъущокъуэм деж дыкIуэнщ. Абы унафэ ирещI, армырмэ, езыр дыукIынщи дэ кърымыдзэм дезэуэнщ.

Хэкум къытепсыха гузэвэгъуэм­рэ цIыхум къалъыс пудыгъэмрэ зэхилъхьэжри, Къэбэрдейм и пщы нэхъыжь ХьэтIохъущокъуэ Кур­гъуо­къуэ кърымыдзэм и Iэтащхьэ пашам деж кIуащ лъэIукIэ, гу­щIэгъу къытхуэщIи ттелъ гугъуе­хьыр тIэкIу тхуэгъэщабэ, жери.
Бахъсэн ауз зэщIэгъэгъар а махуэм псэхупIэ ищIауэ, пашар ­удзыпцIэ дахэм хэст, жаIэ, щIакIуэ хуаубгъуауэ, дуней фIыгъуэр къегъэтIылъэкIауэ. Фо махъсымэр и фадэ пIащIэт, адыгэ мэл фIыцIэр и хьэщIэнышт. ЖаIэрт, дзажэналъэ кIэщIыр зыхэлъ дзажэкIэр IэфI къыIурыхъуауэ, игу къихьэху къэс а зы лы Iыхьэм щхьэкIэ мэл хуаукIыу щытауэ. Пашар уэршэру щыст, лулэ кIыхькIэ тутыныр щIишу. И блыгущIэтхэр ихъуреягъкIэ къетIысэкIат, и щхьэхъумэ па­щIэкъ абрагъуэжьхэр, джатэ Iэп­щэр якъузу, и бгъуитIымкIэ къы­щхьэ­щытт. Зи Iуфэ Iyc Бахъсэн уэры­жьыр губжьауэ нэпкъым езауэрт, уэгу къабзэм ит бгъэжь за­къуэр, къэхъуну гуэрым пэплъэ пфIэщIу, цIыхухэм къахэплъэрт.
Къэбэрдейм я пщы пажэ Хьэ­тIохъущокъуэ Кургъуокъуэ адыгэ хабзэм къигъэув нэмысыр иIыгъыу гупым яхыхьэщ, кърым пашам и пащхьэ иувэри, и лъэпкъым гущIэгъу къыхуищIыну елъэIуащ.
Хамэ хэкум тепщэ хуэхъуа паша удэфам адыгэпщ уэлийм кърипэса пудыгъэр «Кхъуэр зыщышынэн щымыIэмэ, Iуащхьэм докI» жы­зыIэ адыгэ псалъэжьым хуэпшэнуи щабэIуэт.
Щхьэщэ къыхуищIу пыIэщхьэ­рыхкIэ къелъэIуа Кургъуокъуэ и щхьэфэ пцIанэм теуIуэурэ, пашам и лулэм илъ тутын сахуэ пщтырыр къытригъэщэщащ:
­- Мис аращ си гущIэгъур, адыгэпщ. Зэгъэзэгъ ар. Уви уи пIэм уимыкIыу щыт, куэдщ жыс­Iэху.
Пашам махъсымэ фалъэшхуэр IитIкIэ иубыдауэ мыпIащIэу зэIурибзаеурэ иреф. Кургъуокъуэ зыри жимыIэу щытщ, сахуэ пщтырым и щхьэфэр трисыкIыу.
Хэт ищIэн лулэмкIэ теухьурэ сахуэ пщтырыр зытригъэщэща щхьэ пцIанэр зыфIэт адыгэлIым а да­къикъэм и псэм игъэвамрэ и гум зэригъэзэхуа псомрэ. Ауэ сэ къысфIощI а щхьэ пцIанэм илъа акъылышхуэм мыпхуэдэ гупсысэ налъэ гуэрхэри хэлъауэ: «Сэ сыщIэпщри, сыщIэадыгэри, сы­щIэ­цIыхури нобэ хуэдэ зы махуэщ. Сэ, тхьэм гъэунэхупIэ ин сригъэ­хуауэ, сызыхэдэнури сегъэлъагъури къыхэсхынуми сыхегъадэ. Дэра нэхъыфIу слъагъур? Пашам и лулэм къищэща тутын сахуэ мафIэм къиса си щхьэра хьэмэрэ а щхьэм илъ акъылыр зыхуэзгъэлэжьэн хуей си лъэпкъыра? Джатэм сепхъуэмэ, къыщIисхми сынамыгъэсу, и хъумакIуэхэм сау­быд. ЛIы пхъашэ къилъыгъуафIэ къызэрыгуэкI къудейуэ сыкъы­щIокIри, иджыпсту си щхьэр хы­золъхьэ. АдэкIэ кърым пашари и дзэри хуит хъуащи, си Къэбэрдейм нэхъри теуджыхьынщ. Арауэ къыщIэкIынщ лулэм щIэф си бийри зэщэр. Дауэ сщIыну? Си напэр мэс, си гур къресыкI, ауэ сы­щIэпсэу, сыкъыщIигъэщIа икIи сызипщ си лъэпкъым пэзгъэтIылъа псэм мы пудыгъэр игъэвын хуейуэ тхьэм Iэмыр къысщищIа сфIощI. Ар слъэмыкIмэ, си щхьэм кърапэсар си лъэпкъми къылъысынущ: ди къуажэхэр ягъэсынущ, ди цIыхухэр яукIынущ, ди щIалэ хахуэхэр пхауэ, ди пщащэ дахэхэр пыхьэу гъэру шыбгъэкIэ Кърымым яхунущ... «ЩхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ» жызыIар си адыгэ лъэпкъырщ. Нобэ сшэчынщ, пщэдей лъыщIэжщ. Куэдыр куэду лIэнщ, мащIэр мащIэу лIэнщ. «Джатэм и щIагъ нанэ щыIэкъым».
Махъсымэ фалъэшхуэр и кIэм нэс ирифри, пашар къэпсэлъащ:
- Куэдщ иджы узэрыщытар. Уигу ирихьакъэ си гущIэгъур?
ЗишыIэфащ абдежми Кургъуо­къуэ. Уеблэмэ къриха лейм езыри арэзы техъуэжауэ зыкъыфIигъэ­щIа мыхъумэ, зыкъримыгъащIэу къэшэсыжащ.
Нэмыси лIыгъи зыхэмылъ, хабзи цIыхугъи зымыщIэ кърым паша удэфам а лейр зрихар хэт жыпIэмэ, кърым хъанхэми, нэгъуэщI бийхэми я пэр Iэджэрэ щIым яхущы­зыхуа ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ пщы ябгэм и къуэ, «Къазий и Къэбэрдей» жезыгъэIа пщы уэлий цIэрыIуэ Къазий и къуэ­рылъху ХьэтIохъущокъуэ Кургъуо­къуэт.
Дауи, и щхьэфэ пцIанэр тезы­сыкIа мафIэм нэхърэ нэхъ гуащIэт абы и гу пщтырыр а дакъикъэм къи­зысыкIар. Ауэ Кургъуокъуэ пщы къудейтэкъым, атIэ икIи адыгэлIт. И щхьэм и уасэри, и псэм и лъапIагъри ищIэжырт. ИтIани уасэ зимыIэжу псоми нэхърэ нэхъ лъапIэ зэрыщыIэри ищIэжырт абы. Ар и адыгэ лъэпкъырт, и Къэбэрдей хэкурт. Пщыр джатэм епхъуамэ, гъэбзэкIэ ищIэрти, зыгуэри лъэ­кIынт. Ауэ ар зэрыхъур «зыгуэр» къудейт. Абы цIыхупсэу ихьынумрэ лъэп­къым фIэкIуэдынумрэ «зыгуэр» куэдкIэ къыпхуэбжынутэкъым.
И цIыхухэм къахыхьэжа нэужь, Кургъуокъуэ икIэщIыпIэкIэ шу ­игъэшэсри, Къэбэрдейм пщырэ уэркъыу исыр махуэл имыIэу зэ­хуишэсащ. Яхэувэри къэхъуар, къра­щIар яжриIащ, и мурадри яхуиIуэтащ: щхьэж и къуажэ фы­зэбгрокIыж, цIыхум хъыбар яво­гъащIэри, щхьэж и «хьэщIэ» иукIыжауэ нэху къывогъэкI. Унафэр хэку унафэщ, - зымыгъэзащIэм хэку тезыри ихьынщ. Кургъуокъуэ и псалъэр къабыл ящыхъури псоми къызэдащтащ икIи зэдэууэ ягъэ­зэщIащ. Кърымыдзэм щыщу зыри псэууэ нэху кърагъэкIакъым. ­Адыгэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэм­рэ илъэс къэс кърымым яхуу куэд­рэ къекIуэкIа хабзэ мыхъумыщIэр абдеж гъэкIуэда щыхъуащ.
А хъыбарым щымыгъуазэу ­зигу зыгъэфIу тахътэм ис Кърым хъа­ным къыкIэлъыкIуэ гъэм Къэ­бэрдейм къиутIыпщащ тезыру ­къатрилъхьа мылъкумрэ цIыхумрэ хуэзышэн хуей и фы­щIакIуэхэр. Абыхэм къэхъуар гъуэгукум къыщащIэри ягъэзэжащ. Хъаныр губжьащ, къэхъуамкIэ тырку сулътIаным хъыбар иригъэщIащ. ИлъэситI-щы нэхъ дэ­мыкIыу, сулъ­тIаным Кърым хъ­а­ным дзэшхуэ къыхуигъэкIуащ Алэгъуэт пашам и унафэм щIэту. ­Хъаным езым и дзэри абы гъусэ хуищIыжри, Къэбэрдейр къизэуну къиутIыпщащ. Кърымыдзэм и паша хъан Къаплъэн-Джэрий Къэ­бэрдейм гужьгъэжь къыхуиIэу и дзэр къы­хуилъырт. МафIэрэ джатэкIэ ди хэкур пщылIыпIэм иригъэувэну, гъэррэ мылъкуу иришри куэдкIэ нэхъыбэ ищIыну и мурадт, псэ гъэнынрэ лъы гъэжэнкIэ цIэрыIуэ хъуа цIыху гущIэгъуншэт.
Хъанымрэ сулътIанымрэ я дзэр, япэм хуэмыдэжу, иджы сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIат, псэ зэрагъэн IэщэкIэ къулейт, псэ зэратхьэкъу «Iэщэу» дин лэжьакIуэхэри куэду я гъусэт. Къэбэрдейм къыздэкIуэм, дзэм адрей адыгэ щIыналъэхэри яхъунщIэрт, быдапIэхэр, дин IуэхущIапIэхэр яухуэрт.
Кърымыдзэр гува-щIэхами зэ ялъ ящIэжыну къызэрежьэнур къызыгурыIуэ Къэбэрдей хэкури а илъэситI-щым бэлэрыгъауэ щысакъым. ХьэтIохъущокъуэ Кургъуо­къуэ и унафэм щIэту абыхэми бийм IущIэным зыхуагъэхьэзыращ. Ауэ, сыт хуэдэу щымытми, Тырку къэралыгъуэшхуэмрэ Урысей псом пэщIэтыфу а зэманым лъэщу щыта Кърымымрэ я дзэ­шхуэ зэгуэтым япэувын папщIэ Къэбэрдей тIэкIур мащIэт. МащIэми гуащIэт, къикIуэт иIэтэкъым, щхьэхуитыныгъэм псэр пигъэ­тIы­лъырт.
Кърымыдзэр Псыжь лъэны­къуэм­кIэ къэсауэ щызэхахым, адыгэхэм лIыжь-фызыжьхэр, цIы­хубз­хэмрэ сабийхэмрэ бгы быдэ езэгъыгъуейхэм, Афэбг хуэдэ быдапIэхэм ягъэIэпхъуащ, я мылъкур ягъэпщкIуащ, къагъэзэжмэ япэ зэпхъуэну ху Iуащхьэхэр гъэпщкIуауэ щIатIэри дамыгъэ тращIэжащ.
А лъэхъэнэхэр ару къыщIэкIынт щагъэпщкIуар, революцэм и ужькIэ (1921 - 1922 гъэхэм) щыIа гъеишхуэм щыгъуэ апхуэдэ ху ­Iуа­щхьэ Бахъсэн аузым къыщы­щIахыжу ХьэтIохъущыкъуейр гузэ­вэгъуэм къызэрыхихам и хъыбар яIуэтэжу сэ зэхэсхащ. Ху Iуащхьэр къызэрагъуэтари си адэшхуэм и ныбжь, сэ фIыуэ сщIэж Къаскъул ТIэиб и анэ илъэсищэм щIигъуа фызыжьым шэхудэм кIуэцIылъу ихъумауэ къызыкъуихыжа тхы­лъым­пIэ напэм кърагъуэта дамыгъэрт.
АтIэ дыкъызыхэкIа хъыбарым пытщэжынщи, адыгэхэр хьэзыру зыпэплъэ кърымыдзэр Къэбэрдейм и гъунапкъэм къекIуэлIащ. Ди зауэлIхэр абы Урды ауз быдэм зэрыщыпежьар хъаным къищIэщ, езыр КъэнжалышхуэкIэ къекIуа­лIэри абдеж щитIысыкIащ. Мо гъуни нэзи зимыIэжу къыпфIэщIу зы­зыукъуэдия адыгэщI хъупIэшхуэр биидзэ фIыцIэм иуфэбгъуат, зауэкIэ упэувын дэнэ къэна, уахэ­плъэн къудейуэ шынагъуэу.
Кургъуокъуэпщым зэчэнджэ­щын нэхъыжь губзыгъэхэр иIэти, абыхэм я псалъэ Iущхэми едэ­Iуащ, езым и гукъэкIхэри абы хилъ­хьэжри, япэми хуэдэу, мурад гуэрхэр ищIат, ауэ ар зэкIэ къызыкъуихыртэкъым. Апхуэдэу здэщы­тым, цIыхум фIы ищIауэ кIуэдыркъым жаIэ, Кургъуокъуэ деж щыIа икIи гуапэу зыхущыта тэтэр гуэр бии­дзэм хэтти, щэхуу къакIуэри пщым хъыбар къригъэщIащ: хъаным и мурадщ, фэ пщэдей жэщ фыте­мыуэмэ, къыкIэлъыкIуэ жэщым езыр къыфтеуэну.
Кургъуокъуэ зэжьэр апхуэдэ гуэр хъунти, щэхуу ихъумэ и мурад щIар гъэзэщIэн щIидзащ. Унафэ ищIри псынщIэу шыд щищ къы­зэхуригъэхусащ. Дэтхэнэми хуэзэу мэкъу IэплIакIуэ тIурытI быдэу кIэригъэпхащ. КIыфI хъуа нэужь шыдхэр ирахужьэри, бийм и тIысыпIэм щэхуу екIуэлIащ. Абы я ужь итт щIыр мыхъеяуэ къэмыскIэн жыхуаIэм хуэдэу къыхахауэ адыгэлI шуудзэ, абы я лъабжьэмрэ я джатэмрэ къаIэщIэкIыр изыщIы­кIын лъэсыдзэ. Адыгэ мащIэм ­къракуфыну зи пщIыхьэпIэ къэмыкI, зи къарум къигъэгугъэ биидзэр ефэ-ешхэу жэщыбг хъуху зэхэсри укIуриижауэ жей куум хэтт, яшхэр яутIыпщауэ хъуакIуэу губ­гъуэм итт. Абы ирихьэлIэу гъунэгъуу ирахулIа шыдхэм якIэрыпха мэкъу IэплIэ тIурытIым ящыщу зырызым мафIэ щIадзэ (зыр исын щиухым деж мафIэм адрейм зридзын хуэдэу) икIи бэлэрыгъауэ жей кърымыдзэм хаутIыпщхьэ. МафIэм игъэгузавэ шыдхэр щхьэ­фэцыр яIэту шынагъуэу кIийуэ, лыгъэр къапылъэлъу зыхэлъэда тыркухэмрэ тэтэрхэмрэ къэхъуар къахуэмыщIэу езыр-езыру зэрыуп­щIэтэжырт, яш, я Iэщэ-фащэ ямыгъуэтыжу, делэм хуэдэу гъуахъуэу къажыхьырт. Хьэзыру щыт адыгэ­дзэр нэхущым ирихьэлIэу джатэ къихакIэ бийм ебгъэрыкIуэри хьэлэч зэтращIащ.
Биидзэм щыщу укIыгъэрэ уIэгъэу губгъуэм къинам щIыгур ясеят, кърым хъан зыбжанэми я щхьэр халъхьат, зауэлI гъэрхэр, Iэщэ-фащэр, шыхэр куэду къа­Iэрыхьат. Къэна биидзэр, я псэр яхьыжу, щIэпхъуэжащ. Ер зигу илъу ди щIыгум къихьа хъан ­Къаплъэн-Джэрий и блыгущIэт гуп и гъусэу и псэр ихьыжащ, и дзэ­ш­хуэри зыщIэхъуэпса щIыхь инри фIэкIуэдауэ, и напэр текIауэ.
Тыркум къикIа дзэм и пашэу къэкIуа Алэгъуэт паша гъумыщIэм и щхьэхъумэхэр зэтраукIэри, езы­ри дагъэкIуэну щрахужьэм, бгым щыхуащ. Ауэ лъэгум нэмысу бгыкум кIэрыт жыгыжьым и къуда-­мэм фIэнэри, щIылъэм нэмысу абы фIэлIыхьащ. А бгым адыгэхэм «Алэгъуэт гъум и щыхупIэ» фIащыжащ. ХьэтIохъущыкъуейм щыщ нэхъыжьхэм а щIыпIэр ноби ягъэгъуащэркъым.
ИужькIэ кърым хъанхэм Къэбэрдейр апхуэдэу тегушхуэгъуафIэ къащIыжакъым. ТекIуэныгъэр къэ­зыхьа лъэпкъым и пщы пэрыт, лIыгъэрэ акъылкIэ, абы ящIыгъужу бэшэчагъкIи Тхьэр зыхуэупса ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и цIэр мыкIуэдыжыну адыгэ тхыдэм къыхэнащ.

Къэнжал  зауэ.  Сурэтыр  КIыщ  Мухьэдин  ищIащ.

ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и фэеплъыр зыщIар КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмидщ. 2008 гъэ

 

КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ.
Поделиться: