ЩIыпIэ дэгухэм я махуэ

Дыкъэзыухъуреихь дунейм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр (мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ) зэрыдиIэр IэмалыфIщ щIыуэпсыр зэрыщытам хуэдэу къызэтегъэнэнымкIэ. 
ЦIыхуIэ зылъэмыIэса мэз дэгухэр хъумэнымкIэ центрым и жэрдэмкIэ, 1997 гъэм ди къэралым япэу щагъэлъэпIащ Мэзкъуэдыхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ я махуэр. Ар щIышылэм и 11-м щIытрагъэхуам щхьэусыгъуэ иIэщ. Къэдгъэлъагъуэмэ, Урысейм япэ дыдэу мэзгъэфIэн къыщызэрагъэпэщауэ щытар 1916 гъэм дыгъэгъазэм и 26-ращ (щIэмкIэ - 1917 гъэм щIышылэм и 11-рщ). Ар къыщыхъуар Бурятие щIыналъэрщ. Байкал хыжьейм къегъэщIылIа Баргузин шытхым къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и джабэщIым, япэ дунейпсо зауэм и гуащIэгъуэу, къыщагъэунэхуащ хэхауэ яхъумэ щIыпIэ щхьэхуэ. 
УФ-м щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэу 100-м щIигъу, апхуэдэуи лъэпкъ паркыу 35-рэ итщ. Абыхэм я Iыхьэ щанэр къалъытащ ЮНЕСКО-м и биосферэ хъумалъэу. Ауэ щыхъукIи, ахэр дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Апхуэдэхэм языхэзщ Адыгэ Республикэмрэ Краснодар краймрэ бгыщхьэхэмкIэ щаIэ щIыгум щызэрагъэуIуа Кавказ биосферэ мэзкъуэдыр. 

Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ

Дызэрыщыгъуазэщи, тхыдэм и зы лъэхъэнэм къриубыдэу, цIыхумрэ щIыуэпсымрэ зэдэзыгъэгыза зэщымыщхъуныгъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу къыщIэкIащ Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэр ижь-ижьыж лъандэрэ зи хэщIапIэу щыта адыгэхэмрэ абазэхэмрэ, зэхэзехуэ ящIу, я щIыналъэр зэрырагъэбгынамрэ бгылъэ-мэзылъэхэм куэду щIэса псэущхьэ телъыджэхэр, абыхэм домбейхэри яхэту, зэрызэтраукIамрэ. 
«…Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, урысыдзэхэм псом нэхъ ерыщу япэщIэтахэм ящыщщ Щхьэгуащэрэ Лабэрэ я зэхуаку дэлъ къуакIэ-бгыкIэхэм дэса абазэхэхэмрэ абыхэм я гъунэгъуу къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыпсэуа абазэ лъэпкъ зэхуэщхьэхуэхэмрэ. Ауэ щыхъукIи, Урыс-Кавказ зауэм и иужьрей илъэсхэм, 1862-1864 гъэхэм, зэрыпхъуакIуэхэм щIыпIэрысхэр къызэрымыкIуэу гугъу ирагъэхьащ, щIыуэпсми леишхуэ ирахащ. КъимыдэкIэри, а щIыналъэм къыщекIуэкIа «хьэщхьэрыIуагъэр» зыхуэдизыр уи нэгу къыщIэбгъэхьэжыну тыншкъым: зэрыпхъуакIуэхэм къыздралъэфэжьа топыжьхэм я гъуагъуэ макъхэр дэнэкIи къыщыIурэ, мэз Iувыжьхэм гъуэгущIэхэр щыпхашын папщIэ, илъэсищэ бжыгъэ зи ныбжь жыг абрагъуэхэр километр ныкъуэ зи бгъуагъын щIы кусэхэм щраупщIыкIрэ, Iэгъуэблагъэм къыхуеплъых бгыжьхэр «ягъэхыщIэу»… - дыкъыщоджэ и тхыгъэхэм ящыщ зым тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Башкиров Алексей.

 БлэкIам и Iэужь 

ЩIэныгъэлI-зоологхэм, тхыдэр я тегъэщIапIэу, къызэрахутамкIэ, Адыгэ Республикэм щежэх Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэр, псом хуэмыдэжу МэлкIапэ псы бгъунжым и тIуащIэ дэгур домбейхэм я тIысыпIэу щытащ икIи, зэрыхуагъэфащэмкIэ, мы щIыпIэм абыхэм я бжыгъэр мини 2-м щынэблагъэрт. 
Ауэрэ здекIуэкIым, адыгэхэр я хэкум зэрырахурэ илъэс 50 дэкIа иужькIэ, абдежым къыщызэтена домбей закъуэтIакъуэхэр хъумэн зэрыхуейм и телъхьэу Урысей къэралыгъуэжьым и тетхэр къэуват. Пэжщ, ахэр нэхъыбэу зытегузэвыхьыр а псэущхьэ телъыджэхэр пщышхуэхэм, я зэштегъэупIэу, кърагъэщэкIун щхьэкIэт. 
А Iуэхугъуэм щIыналъэм и бгылъэ-мэзылъэхэм щызеуэ урыс браконьерхэр апхуэдизу иризэгуэпати, домбейхэм ящыщу зрихьэлIэхэм укIыкIейр къыхуагъакIуэрт, я фэми ялми зэрыхуэныкъуэ щымыIэми, «ахэр дунейм темытыжмэ, властыр зи IэмыщIэ илъхэм сыт ящIэжын - хьэкIэкхъуэкIэхэм ящыщу мыдрей нэхъ зыхуэмыныкъуэхэр къыдагъэщэкIункъэ?!» - жаIэрти. 
«Кубаным и щакIуэхэр» тхылъ Iувышхуэм ирагъэува сурэтхэр, «зи щIыхьыр ин лIы гъуэзэджэхэм» зэрахьа «лIыгъэр» зыхуэдэм щыхьэт техъуэхэр, щыплъагъукIэ укъызэмыIыхьэн плъэкIыркъым: зэтраукIа хьэкIэкхъуэкIэхэр - къурш бжэнхэр, бланэхэр, щыхьхэр, домбейхэр - я лъабжьэ щIакIутэжарэ я лъапэхэмкIи теувэжахэу…
Куэд дэмыкIыу къэхъея граждан зауэри зи гугъу тщIы псэущхьэхэм яхуэщэбакъым - браконьерхэми, мэзхэм зыщызыгъэпщкIуа щIэпхъаджащIэ гупхэми ахэр щысхьыншэу зэтраукIащ. Домбейхэм ящыщу къызэтенахэм мэз Iувыжьхэм нэхъ лъагэжу зыщIагъэпщкIуащ. 
Граждан зауэм иужькIэ, 1924 гъэм, РСФСР-м и Совнаркомым и унафэкIэ къызэрагъэпэщауэ щытащ Кавказ биосферэ мэзкъуэдыр. АрщхьэкIэ, а лъэхъэнэхэм хуэзэу домбейхэр кIуэдыжыпэным нэсат икIи апхуэдэ Iуэху мыщхьэпэр куэд дэмыкIыуи къэхъуащ. 1927 гъэр - КъухьэпIэ Кавказыр зи щIыпIэгъэдахэу илъэсищэ бжыгъэкIэрэ къекIуэкIа домбей хъушэхэм ящыщу къэнэжа закъуэри щаукIыжа илъэсщ. 
Къыхэгъэщыпхъэщ, зи гугъу тщIа мэзгъэфIэным и зоологхэм Кавказым домбейхэр къыщыгъэунэхужыным, щыгъэбэгъуэжыным хуэгъэзауэ лэжьыгъэфI куэд зэрырагъэкIуэкIри: Украинэм щыIэ Аскания-Нова мэзкъуэдым гибрид щIыкIэм тету къыщагъэхъуа зубробизон лIэужьыгъуэщIэмрэ зоопаркхэм телъыджэу къыщызэтена, лъы къабзэ зыщIэт зубрхэмрэ къытрагъэпщIыкIыжауэ, мы щIыпIэр зи хэщIапIэу щыта псэущхьэ телъыджэхэм зэ IуплъэгъуэкIэ емыщхьыщэми, домбей хъушэщIэхэр къыщагъэунэхуж, щызэхашэж.  
 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: