Адыгейм и вагъуэ

Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ щэджащэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и къалэмыпэм къы­щIэ­кIащ тхыгъэ купщIафIэ куэд - усыгъэ телъыджэхэр, роман гъуэзэджэхэр, ахэр Адыгейм и литературэм и ­лъагапIэ хъуащ, ди лъэпкъым и цIэмрэ и пщIэмрэ жыжьэ щагъэ­Iуащ.

Исхьэкъ и усыгъэхэр гъэнщIащ гъащIэм и пэжыпIэкIэ, уи акъылыр зыгъэлажьэ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ къозыт гупсысэ жанхэмкIэ. ТхакIуэм и романхэм лъабжьэ яхуэхъуар адыгэ тхыдэрщ - пасэрей адыгэ дзэпщ Ридадэ деж къыщыщIэдзауэ XIX лIэщIыгъуэм къэс.
МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэр Краснодар щiыналъэм хыхьэ Щхьэщэхуж къуажэм 1930 гъэм накъыгъэ мазэм и 28-м къыщалъ­хуащ. 1951 гъэм Адыгей педучилищэр, 1956 гъэм Москва дэт Литературэ институтыр къиухащ, КПСС-м и ­ЦК-м деж щыIэ Парт школ нэхъыщхьэм щеджащ, «Социалистическэ ­Адыгей» газетым щылэжьащ. 1962 гъэ ­лъандэрэ МэшбащIэ Ис­хьэкъ ­Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэщ, ди ­къуэш республикэм къыщыдэкI литературэ жур­налхэм я редактор нэхъыщхьэщ; депутатхэм я Адыгей, Краснодар Совет­хэм, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм хэтащ. Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щолажьэ.
МэшбащIэ Исхьэкъ и тхыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ дунейм къытехьащ тхылъищэм щIигъуу, абыхэм ящыщ куэд нэгъуэщI лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ зэрадзэкIащ. ЦIэрыIуэ дыдэ ­хъуащ Исхьэкъ и романхэр - «Щэрэ езанэ щхьэдэхыпIэ», «Ягъеяхэм пэп­лъэжыркъым», «Щхьэл мывэ», «Гъэ­ритI», «Ридадэ», «Адыгэхэр», «Хъан-Джэрий», «КъуэкIыпIэмрэ КъухьэпIэмрэ», «ТIасхъэщIэх», «Лъы гъуэгу» нэ­гъуэщIхэри.
ТхакIуэ цIэрыIуэм къратащ ­СССР-м, РСФСР-м, Адыгейм я Къэ­рал саугъэтхэр, Шолохов Ми­хаил и цIэр зезыхьэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм я саугъэтхэр.
МэшбащIэ Исхьэкъ Адыгейми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэ­рэ­шей-Шэрджэсми я цIыхубэ тха­кIуэщ, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIы­щIэм папщIэ» орденым и II, III, IV нагъыщэхэр къыхуагъэфэщащ. МэшбащIэ Исхьэкъ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и Iэтащхьэхэм ящыщщ, ЩIДАА-м, Абхъа­зым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием хэтщ.

КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.

 

Си адыгэбзэ - си анэдэлъхубзэ

Зыгуэрхэм куэдрэ, къеджэу уазым,
Ирагъэщхьыф анэдэлъхубзэр
ЯупIэщIыжакIэ гъуаплъэ щайм,
Щысхьыншэу игъукIыж псыкъуийм,

УкъытекIыжмэ бэзэрым,
Уимыхьыфыну жыжьэ дыдэ
ЖаIэф, я напIэри мыхуадэу,
Уагъэкъуэншэжу, яхуумыдэм.

Си адыгэщIу, сыщалъхуа щIыналъэ,
КъысIурыплъхьащи уи бзэр си пшыналъэу:
СедэIуэфынущ бзур зэрыбзэрабзэм,
Макъамэр зэригъэIум акъужь къабзэм,
Гуапагъэу гъащIэм щызыхэсщIэ псор,
КъызэрысщIэр къысIурыплъхьа бзэрщ.

Вагъэбдзумэр щызохьыр адэжьхэм я хьэсэм,
ЩIыгулъ пшэрым псалъэ жылэхэр хэссэу.
Псалъэм псалъэр пызгъэувэжрэ - сатырхэр
Зэхэслъхьэжу адыгэбзэ усэу.

Адыгэхэр

Адыгэ щIыналъэм адыгэр щопсэу,
ШэрджэскIэ къеджэу мы дуней псор,
ЩыгуфIыкIыу дыгъэм, уэшхым пэплъэу гъатхэм,
Щопсэу адыгэр я адыгэ лъахэм.

Сыт уэ хэпщIыкIыр абыхэм я гъащIэм,
Я уэрэдым, пшыналъэм, я гъыбзэу
къиIукIым гу лъащIэм?
Сабий цIыкIу къыдалъхуамэ, хьэблэм,
Жыг хухасэу мэгуфIэ зэрыжылэу,

Фочауэ макъкIэ щагъэIур дунейм -
Ди хэкум нобэ къыщалъхуащ сабий.
Адыгэ щIыналъэщ адыгэр щыпсэур,
ШэрджэскIэ къеджэу мы дуней псор.

ЦIыхугъэм и хьэтыркIэ худачых залымым,
Пагагъэр хэту я лъым, къэрабгъэр я Iумпэму,
Гум и Iущыгъэр, псалъэм и быдагъэр
Мы дунеишхуэм къабгъэдилъхьа тыгъэщ.

Уэзгъэлъэгъуарэт ахэм я къэфэкIэр,
УезгъэдэIуарэт я уэрэд жыIэкIэм,
ХьэгъуэлIыгъуэм щызэхашэ джэгум,
Адыгэшыр зэрыщагъэджэгур!

Зэманыжь бзаджэ блэкIам и щэхухэр
Ноби зыхъумэ къамэ Iэпщэхухэм,
Топауэ макъым щIыр игъэзджызджу,
Зэрыщытар къатощыжыр гъуджэу.

Куэд щIауэ гынымэм и гъуэзыр
Къыщхьэщыхьэжкъым аузым,
Щыфиижкъым топышэр губгъуэм,
Къашэм нысащIэ, хъыбарегъащIэу,
Фочхэр щагъауэр я хьэгъуэлIыгъуэрщ.

Адыгэ щIыналъэм адыгэр щопсэу,
ШэрджэскIэ къеджэу мы дуней псор.
ЩыгуфIыкIыу дыгъэм, пэплъэу уэшх Iумахуэ,
ЩIэблэр япIыр, трашэ гъуэгу махуэ!

Удж

Пшынауэр поплъэ хьэтиякIуэм жиIэнум,
Уджыр щришэжьэнум и пшынэм.
Хьэщыкъ зэхуэхъуахэм я IутIыжыгъуэщ
Нэхущыр. Удж епшэжьэну игъуэщ.

ИрешэкIыр щауэм пщащэр,
Iэгур Iэгум еIущащэу.
Гухэр хъуами нэхъ пIейтей,
ТIури хуейкъым дэлэл лей.

Джэгум и кIэух къафэ уджым
Хьэщыкъхэр поплъэ мы жэщ телъыджэм.
НыбжьыщIитIым я пщэдей махуэр
Къигъэлъэгъуэнущ мы уджым нахуэу.

КъокIуэкI мы хабзэр игъащIэ лъандэрэ:
Я Iэхэр уджым щызэрыубыдрэ
ЩIалэ къуданхэм, тхьэрыкъуэ пщэхухэм
ЗэхуаIуатэу я мурад щэхухэр.

Поплъэ пшынауэр хьэтиякIуэм жиIэнум,
Щришэжьэнум уджыр и пшынэм.
Хьэщыкъ зэхуэхъуахэм я IутIыжыгъуэщ
Нэхущыр. Удж епшэжьэну игъуэщ.

Зелъатэ

Къыпхуеуэхэр Iэгум щIэбгъэплъу уи лъэгум,
ФIыуэ плъагъур къыдэпшамэ джэгум,
«Зелъатэ» къафэм къомэщIэкI утыкур.
Псалъэ хэмылъу,
Гухэм, зелъатэу,
Щэхуу яIыгъ псори зэхуаIуатэ.
Пщащэ IэлъэщI кIапэм
ЗэрымыщIэу лъэIэсамэ Iэпэр,
Ещхьу мафIэ дэпым
Къес IэлъэщIым Iэгур.

МафIэм илыпщIынущ зылъэIэсыр,
Гухэлъ пщтырым ныбжьыщIэгур есыр.
Нэхъри зэщIигъанэу мафIэ пщтырыр,
Щауэр джэгу утыкум щызолъатэ.

ТIури дыщымщ - аращ ди лъэпкъ хабзэр,
Гухэлъыр зыIуатэр лъагъуныгъэбзэрщ.
Псэ къэпIейтейхэр игъэхьэкъувэкъуу
«Зелъатэм» дызэпещIэ лэгъупыкъуу.
Гум лъагъуныгъэ мафIэ щIэмынамэ,
«Зелъатэ» укъэфэн пхулъэмыкIыну.

КъызэщIоплъэ нэхъри мафIэс гуапэр,
Къигъэлыдащи пщащэ IэлъэщI кIапэм.
Зелъатэ къафэм кърихьэкI гухэлъыр
Къыпхыхьамэ, упщIыIужкъым уи лъыр.
IэлъэщI кIапэм щIигъэна мафIэс,
А уи мафIэм куэдрэ сегъэс!

Пшынэ

ФыдыхьэшхынкIи хъунщ, ауану,
Ауэ си гум ирихьыр ди адыгэ пшынэрщ,
И макъамэ къызэрыгуэкIыр
Гугъущэ демыхьу зэригъэIу щIыкIэр.

ПщыкIутI къудейми зэрыхъур пшынэ Iэпэр,
ЯгъэIу пшыналъэр сытым хуэдэу гуапэ!
Пшынэ Iэпэм къыщIадзэм джэгуу,
НэхъыфI щыIэнуи къэкIкъым уи гум.

Уи рояли, уи пианини -
Зыми лъэкIынукъым, ещхьу пшынэм,
Гущэкъу уэрэдыр къригъэкIыну,
Си лъэпкъ макъамэр къысхуигъэIуну.

Дуней псом щагъэвухэр сыт зищIысыр,
Зи пэрмэныр абыхэм
кърагъэжэх щытхъупсыр?
Адыгэ пшынэм къыхилъхьауэ си лъым,
Хэтщ си лъынтхуэм адыгэ пшыналъэр.

БлокI илъэсхэр, гущIэм задигъазэу,
Ауэ зэманым иIэкъым къэгъазэ,
Си лъэпкъым и гур ноби кърегъауэ
Iэпэ пщыкIутIым ягъэIуа пшынауэм!

Сурэтым: «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIы­щIэм папщIэ» орденым и III нагъыщэр УФ-м и Президент Путин Владимир къыщрита махуэм. 2001 гъэ

 

Усэхэр къэбэрдей диалектым изыгъэзэгъар УЭРЭЗЕЙ Афликщ.
Поделиться: