Макъамэ

Макъамэ защIэщ мы гъащIэр! Псори, псори гухэлъ изогъащIэ! Си гур щохъур дунейм насып защIэ… Дыгъэ бзийм, удз гъэгъам, жыг Iэрысэм, уафэгъуагъуэм, уэшх хуабжьым, уэс щабэм… Псоми, псоми макъамэ къапех. Макъыу хъуари мы си гум зэхех.
И къеуэкIэр мы си гум макъамэщ, сыщигъафIэкIэ куэщIкIэ хэку-анэм. Макъамэхьу йошкIурэх псыIэрышэр… Макъамэпсэу щопсэу вагъуэр уафэм… Дэпыр пIэнкIмэ – макъамэщ, жьыбгъэр фиймэ – макъамэщ. Хэт щегъафIэр игу шы лъэ макъыр, гукъэкIыжым зыхьыжри арауэ.
Бжьыхьэр, щIымахуэр, гъатхэр, гъэмахуэр зэрощэщыр макъамэ-макъамэу. Бжьыхьэм, мес, Iэпощэщ дыщэ хъархэр. Дыжьын щIыIухэр тощащэ щIымахуэм. Гъатхэм хепхъэ гъэгъа псыIэрышэм. Къуалэбзухэр гъэмахуэм доушэ.
ЗэIэпахыр уэрэд уэми щIыми. Сахэдэну макъамэм щытамэ, уигу нэщхъейм и щымыкIэ-щыIэкIэр щызгъэIунт мы дуней макъзэхъуэкIым.

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: