Алисэ и университет хъыбархэр

 ФокIадэм хэIущIыIу хъуауэ щытащ илъэсий фIэкIа мыхъу Тепляковэ Алисэ Мэзкуу дэт къэрал университетым зэрыщIэхуар. «Вундеркинд» зыхужаIэ, и ныбжьым зыужьыныгъэкIэ щхьэпрыкIауэ къалъытэ сабий зэрыщыIэр щэхукъым, ауэ апхуэдэ дыдэу пасэу университетым щIэтIысхьаи къэзухаи щыIауэ къахуэщIэжакъым.
 ИлъэсыщIэр къихьэн и пэ, зэрыхабзэу, еджапIэ нэхъыщхьэм щIэс дэтхэнэ студентми хуэдэу, Алисэ и щIымахуэ къэпщытэныгъэхэм я чэзур къэсащ. ЭкзамениплIым щыщу зымкIэ – «щы», адреймкIэ – «тIу» къихьащ хъыджэбз цIыкIум, мыдреитIым къекIуэлIакъым. Апхуэди къохъу. Сессиер зыхуэмытхэм еджэн зэрыщIадзэжу, я «экзамен щIыхуэхэр» япшыныж. Ауэ Тепляков Евгений егъэджакIуэхэр и пхъум ткIииIуэу къыбгъэдэтауэ къилъытэри, я лэжьэкIэмкIэ зэрымыарэзыр къагуригъэIуэну хуежьащ, кIэщIу жыпIэмэ, яхэзэухьащ. КIий-гуокIи Iуэхур зэфIэмыкIыу, пщIэрэ щхьэрэ зиIэ университет егъэджакIуэу къэпщытэныгъэр къеIызыххэм хъийм икIа адэм зыфIагъэпщкIун хуей хъуащ, къыкIэлъыкIуэ экзаменхэм полицэр къраджащ.
 Алисэ дэлъху-шыпхъу куэд зэриIэм къыхэкIыу, сабиигъуэр зытраххэм хыубжэныр къемызэгъыу къалъытэ и адэ-анэм. Унагъуэр зы пэш фIэкIа мыхъу фэтэрым щIэсщ. Евгений уней сабий IыгъыпIэ зэригъэпэща хуэдэу, дэфтэр къыIрихауэ, нэгъуэщI IэнатIи Iумыту, и унагъуэм къэрал ахъшэкIэ якIэлъоплъ, я нэхъыщIэр - сабий IэплIэтесщ. ЗэщхьэгъуситIми щIэныгъэрылажьэ IэщIагъэ яIэщ: лIым – психологиемкIэ, цIыхубзым – есэпымрэ мылъку IуэхухэмкIэ.
 Алисэ ЕГЭ къэпщытэныгъэхэр ита щхьэкIэ, зэритар ику ит нагъыщэкIэщ, сыту жыпIэмэ, МГУ-м зэрыщIэтIысхьар уней мылъкукIэщ, абы къикIыр – и нагъыщэхэм пщIэншэу щIэтIысхьэну Iэмал къратакъым.
 ЕгъэджакIуэхэми щIэныгъэлIхэми зы жьэу жаIэр зэтохуэ: сабийр гурыхуэ пщIыну гугъукъым. Гурыхуагъым щIэныгъи акъыли къигъэлъагъуэркъым, сабийм куэд игу зэрыриубыдэф къудейрщ. Алиси аращ нэхъ зызыужьа лъэныкъуэу далъагъур: тхылъкIэ илъэгъуар игу иреубыдэф, ауэ адэм егъэджакIуэхэм яхуидэркъым сабийм къэпщытэныгъэм и жэуапхэр ирагъэтхыну, жьабзэкIэ жрагъэIэну трегъэчыныхь. ЕтIуанэрауэ, зэгъэщIапхъэр уигу ибубыдэнымрэ уи ныбжьым ит сабийхэм я гъусэу школым укъыщытэджынымрэ зэхуэдэкъым. Сабиигъуэм и къару къабзэм дэщIыгъуу хъыджэбз цIыкIум фIокIуэд студент гъащIэ узыншэри, абы къикIращи, къыIэрыхьэм нэхърэ нэхъыбэ цIыху хэтыкIэ и лъэныкъуэкIэ хуэчэму къыдокIуэтей.
 Игу иримыхьын гуэр зэрызэхихыу, къофыщIэуэну хьэзыр Тепляков Евгений щышынэу, нагъыщэфIхэр хуагъэуву хуагъэфащэ Алиси я ныбжьым «щхьэпрылъурэ» школыр къэзыух абы и дэлъху и шыпхъухэми.
 ТэмакъкIыхьагъкIэ зэрытемыгъакIуэ урысей егъэджэныгъэ хабзэхэмрэ адэ щхьэзыфIэфIымрэ щызэпэщIэува зауэзэрылIым щытекIуэнур, дауи, езы гъащIэрщ. УФ-м ЦIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и советым хэт академик Александр Асмолов зэгухьэныгъэм и нэхъыщхьэ Фадеев Валерий лъэIукIэ зыхуигъэзащ мы Iуэхур езым и нэIэ щIигъэтыну. Сыту жыпIэмэ, апхуэдиз хэгъэзыхьыр сабийм и акъылым хузэгъэзэхуэнри и псэм хуэшэчынри дзыхьщIыгъуэджэщ. Алисэ псэ уз гуэр къемыуалIэ щIыкIэ, мынэхъыфIу пIэрэ ар МГУ-м щIашыжу и ныбжьэгъухэм хагъэхьэжыныр?! Фадеевым МГУ-м и унафэщIхэм захуигъэзащ унафэ пыухыкIа къащтэну. ЗэкIэ, зэрыжытIащи, хъыджэбз цIыкIум и гум удын лъэмыIэсын папщIэ, Iуэхум зэхъуэкIыныгэ пхъашэ халъхьэркъым. Студент- сабийр МГУ-м щIэсщ.

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: