ЩIэныгъэр республикэм и экономикэм зэрыхуэлажьэр

Ди жагъуэ зэрыхъущи, урысей щIэныгъэм иужьрей илъэсхэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм ар экономикэм куэдкIэ пэIэщIэ ищIащ, ар щынэрылъагъущ ди республикэми. Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм щIэныгъэр и тегъэщIапIэу пхужыIэнукъым. Абы пщIэ хуащIыщэкъым. ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ щIэныгъэ лъабжьэфIрэ зиIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэр Урысей Федерацэм и адрей хэгъуэгухэм яйм къыкIэроху. ЩIэныгъэр япэ изыгъэщ, къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкI щIыналъэхэращ иджырей технологиехэр къэзыгъэIурыщIэфыр, абы ахъшэрэ Iэмалхэмрэ хухэзыххэращ къэралым щыпашэр. Нэрылъагъущ зи щIэныгъэмрэ технологиехэмрэ зызыужьам и экономикэри псэукIэри нэхъ зэрефIакIуэр.
Ди республикэм щIэныгъэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэр зэпкърыпхмэ, ди щIэныгъэр бюджетым зэрепхар болъагъу, абы мылъкуу халъхьэри, адрей щIыналъэхэм елъытауэ, куэд хъуркъым. Ауэ пэжщ, статистикэм къыщыхьа бжыгъэхэм уеплъмэ, республикэм щекIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм трагъэкIуадэм хэхъуащ, Кавказ Ищхъэрэм и адрей хэгъуэгухэми хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрми щIэныгъэ къэхутакIуэ институтхэм я мылъкум и процент 70-р бюджетым къыхэкIыу аращ.
УкъызытеувыIэн хуейхэм ящыщщ ди экономикэр инновацэ гъуэгущIэм зэрытехьэ щIыкIэр. НобэкIэ ар зэдгъэхъулIэнымкIэ Iэмалхэр щыIэщ. «КъБР-м и инновацэ Iуэхухэм теухуауэ» законыр 2002 гъэм къащтащ, щIэныгъэм щелэжь IуэхущIапIэу I8 диIэщ, КБР-м и Правительствэм деж ЩIэныгъэ-технологие зыужьыныгъэмкIэ жылагъуэ совет къыщызэрагъэпэщащ. Ауэ итIани абы хъер къызэрыпэмыкIуэр, хабзэр зэрымылажьэр, щIэныгъэр производствэм къызэрыщамыгъэсэбэпыфыр болъагъу. ЩIэныгъэр инновацэ Iэмалхэм тету зыщиужьыр тхылъымпIэм и закъуэщ, ар хьэрычэт Iуэхум хапщэфкъым, республикэм и экономикэми хуэлажьэркъым. Псоми зэрыфщIэщи, щIэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ ар Iуэхум къыщыгъэсэбэпыныр. Абы къыхэкIыу, экономикэм зиужьын папщIэ, щIэныгъэм мылъку хэплъхьэн хуейщ. Иджыпсту Урысейм и хьэрычэтыщIэхэм щIэныгъэм текIуадэ мылъкум и Iыхьэ щанэращ халъхьэр. Адрейхэр бюджетым къыхэкIыу аращ. Ауэ хамэ къэрал нэхъ ехьэжьахэм ахъшэ нэхъыбэр щIэныгъэм хэзылъхьэр хьэрычэтыщIэхэрщ.
Республикэм и экономикэ зыужьыныгъэм щIэныгъэ лъабжьэ зиIэ проектхэмрэ технологие лъагэ зиIэ Iэмалхэмрэ халъхьэфу зрагъэсатэмэ, хэгъуэгум къыщIигъэкIыр куэдкIэ нэхъыбэ, нэхъыфI хъунут. Нобэ еплIанэ промышленнэ революцэр дуней псом щекIуэкIыу жыпIэ хъунущ. Дызэса технологиехэм я пIэ къоувэ щIэуэ къежьахэр, псом хуэмыдэу интеллект IэрыщI системэр. Абы къыхэкIыу, апхуэдэ институт ди республикэм къыщызэIуахатэмэ, гугъуехь куэдым я хэкIыпIэ хъунут.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и псэукIэр къызэзыгъэпэщ IэнатIэ псоми щIэныгъэр хэмыту экономикэ зыужьыныгъэ иIэныр фIэщ щIыгъуейщ. Нобэ зэманым къытхуегъэув бгъэдыхьэкIэщIэхэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, экономикэр къэщIэрэщIэныр, къыщIэдгъэкIхэм хэгъэхъуэныр ди къалэн нэхъыщхьэу къонэж.
НобэкIэ къапщтэмэ, мэкъумэш IэнатIэм и зыужьыныгъэр куэдкIэ елъытащ бжыгъэхэм хуэкIуэным. Бжыгъэ технологиехэм АПК-м къаруущIэ хилъхьэнущ, зэи ямылъэгъуауэ зригъэужьынущ. Дэ щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр, IT-IэщIагъэлIхэр тхурикъуркъым, абы къищынэмыщIауэ, фермэ цIыкIу зиIэхэр лэжьэкIэм техьэфынукъым. Ауэ абы хуэпабгъэр куэдщи, ар къыдэхъулIэн папщIэ IэщIагъэлIхэр дгъэхьэзырын хуейщ. Абы папщIэ мэкъумэш еджапIэ нэхъыщхьэхэм къэралым хуигъэувын хуейщ дызрикъун IэщIагъэлI къыщIигъэкIыну. КъищынэмыщIауэ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ, ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, Бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ министерствэхэр зэгурыIуэу АПК-р бжыгъэр и лъабжьэу щащIын, абы зыщрагъэужьын зы утыку яухуэн хуейщ. Абы хуабжьу телэжьыхьын хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэлIхэр.
ЗэрыжытIащи, КъБР-м и экономикэм зэрызиужьын Iэмал нэхъыщхьэу щыIэр щIэныгъэрщ. Нэрылъагъущ республикэм и экономикэм инновационнэ-технологие зыужьыныгъэ зэригъуэтыфынур. А Iэмалыр зыIэщIэбгъэкI хъунукъым. АбыкIэ сэбэп хъунущ хэгъуэгуэм я экономикэм зегъэужьыным епхауэ щIэныгъэ унэтIыныгъэхэм зегъэубгъунымкIэ федеральнэ программэр.

Тау Пщыкъан, РАЕН-м и академик, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
Поделиться:

Читать также: