Инджылызым Барбадосыр иутIыпщащ

 ФIэщщIыгъуейщ, ауэ ди лъэхъэнэми къэрал щхьэхуит ухъуным бэлыхьышхуэ куэд пыщIащ. Абыхэм ямыгъэшынэу, Барбадос къэралым и унафэщIхэм и кIэм нагъэсащ я къэралыр инджылыз пащтыхьыгъуэм и унафэм къыщIагъэкIын Iуэхур. 

 Барбадосыр колониеу къалъытэн щытыкIэм къикIыжын папщIэ зэхаша дауэдапщэм хэтащ Инджылызым и премьер-министр пащтыхьыкъуэ Чарлз. ЦIыху гъэпщылIыным къыздихьа хабзэ мыхъумыщIэхэм я щIыб хуагъэзэным и чэзур къызэрысам тепсэлъыхьащ инджылыз пащтыхьыкъуэр: «Мы хытIыгум ис цIыхубэм гъуэгуанэшхуэ хупхашащ я хуитыныгъэм, ди тхыдэр зытеукIытыхь гъэпщылIыныгъэм и икIагъэмрэ и кIыфIыгъэмрэ къыхэкIын папщIэ». 
 Барбадос къэралым цIыху мин 300-м нэс щопсэу. XVII лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ ар Инджылыз пащтыхьыгъуэм и унафэм щIэту къокIуэкI. ГъэпщылIыныгъэр хабзэкIэ ягъэкIуэдыжауэ щытащ 1834 гъэм. 1966 гъэм Барбадосыр Инджылызым и унафэм щIэмытыжу ягъэIуа щхьэкIэ, ар ящыщт Британ къэралым и нэIэм щIимыгъэкI щIыналъэ гупым, инджылыз пащтыхьыгъуэр Барбадосми и тепщэу къалъытэу. АпщIондэху къэралым унафэр щызезыхьэр Инджылызым игъэув генерал-губернаторхэрт. «Къэрал хуит» жаIэ щхьэкIэ, абы щыгъуэми «хуит хъужа» хэгъэгухэм я тепщэхэр зыгъэувыр Инджылыз пащтыхь гуащэрт, гъэзэщIакIуэ унафэхэр езы лъэпкъым щыщ къулыкъущIэхэм я IэмыщIэ илъу. 
 2020 гъэм и фокIадэм Барбадосым и тетыгъуэм иукъуэдиящ къэгъазэ имыIэжу британ пащтыхь гуащэм и унафэм къыщIэкIыну. «Игъуэр къэсащ колониеу дыщыщыта лъэхъэнэм ди щIыбагъ хуэдгъэзэпэну», - щатхырт Барбадос абы щыгъуэ щызэбграха джэпсалъэм. Инджылыз тетыгъуэми а Iуэхум «хьэуэ» къыхигъэкIакъым. Къэралыр зи унафэ щIэтыпхъэр хытIыгум щыпсэухэмрэ абыхэм я унафэщIхэмрэщ жаIэри, арэзы хъуа британ пащхьыхь гуащэри. Арати, щэкIуэгъуэм и 30-м Барбадосым и генерал-губернатор къулыкъур 2017 гъэ лъандэрэ езыхьэкI Мейсон Сандрэ къэралым и япэ президент хъуащ. 
 Барбадос къэралыгъуэщIэм япэ унафэу ищIахэм язщ дунейм щыцIэрыIуэ Рианнэ уэрэджыIакIуэм «лъэпкъ лIыхъужь» цIэ лъапIэр хуагъэфащэу, «хуитыныгъэ псори зыбгъэдэлъ Барбадосым и лIыкIуэ» зэращIар. «Фенти Рианнэ Робин – Барбадос и лъэпкъ лIыхъужьыр -фыдогъэцIыху, - захуигъэзащ Мейсон Сандрэ цIыхубэм. ИужькIэ езы уэрэджыIакIуэм жриIащ: «ДяпэкIи налкъутналмэсым хуэдэу узэщIэлыдэу Тхьэм уигъэпсэу». Ар Рианнэ и уэрэдхэр уигу къэзыгъэкIыж сатырхэм япэджэж хъуэхъуу арат. 
 Барбадосыр пащтыхь гуащэм и унафэм къыщIэкIа щхьэкIэ, дунейм иджыри къэралыгъуэ 14 тетщ Елизаветэ II я пащтыхьу къамылъытэну хуимыту. Инджылыз гуащэм абыхэм я Iуэхум хэмыIэбэ хуэдэу зещI, итIани, ар зэран къыпхуэмыхъунымрэ къэрал щхьэхуит дыдэу ущытынымрэ зэрызэмыщхьыр хэти ещIэ. А щытыкIэм итщ, псалъэм и хьэтыркIэ, Канадэр, Австралиер, Новэ Зеландиер, Ямайкэ къэралхэр. 

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: