Чемпионым и фэеплъ зэхьэзэхуэ

Владикавказ къалэм дэт Политехникэ техникумым щекIуэкIащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием 11-рэ и чемпион Зангиев Павел и фэеплъ шахмат зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы и медалхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ щIэбэнащ гроссмейстри 4 зыхэта шахматисти 138-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм абы медаль зэмылIэужьыгъуэхэр щызыIэрагъэхьащ.
ЗэIущIэ 11 иригъэкIуакIам япкъ иткIэ зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щиубыдащ ди республикэм щыщ шахмат псынщIэхэмкIэ цIэрыIуэ, ФИДЕ-м и мастер Козак Александр. Къыхуэхьыну щыта очко 11-м ящыщу абы 9,5-рэ къихьащ.
ЦIыхубзхэм я зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр щиубыдащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Щыхьмырзэ ФатIимэ. ЗэIущIэ II-м абы очкоибл къыщихьащ.
Къыхэдгъэщынщи, ди шахматистхэм я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэхэу щытахэр гроссмейстерхэрщ.

Мэзкуу Къан.
Поделиться: