ЩIыуэпс къабзагъэм и къежьапIэ

«Псыхэр хъумэн» къэрал проектым хиубыдэу Бахъсэн щIыналъэм, зы зэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ, щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и псы Iуфэ къабзэхэр» зыфIаща Iуэху.
Ди псы ежэххэмрэ гуэлхэмрэ пластик кIэрыхубжьэрыхухэм зэраныгъэу къахуихьыр нэрылъагъущ. Нобэ псы зэфэнур пэрыхьэту зыгъуэт цIыхур елIалIэркъым пщэдей щIыуэпсым къытехьэнкIэ хъуну лейм. «Си яужькIэ удз къремыкIыж» псалъафэм тету пхъэнкIийр псы ежэххэм хакIутэ, псы къагъэсэбэпар бжьамийхэмкIэ хаутIыпщхьэ. Зы илъэси къанэркъым ди республикэм щIыуэпсыр хъумэным теухуа Iуэхухэр, акцэхэр щрамыгъэкIуэкIыу. Абыхэм жыджэру хэтщ студентхэр, еджакIуэхэр, цIыху къызэрыгуэкIхэр.
Iуэхур зэрекIуэкIа пIалъэм къриубыдэу Бахъсэн щIыналъэм псы Iуфэхэр щIыпIэ куэдым щызэщIагъэкъэбзащ. ЖэрдэмщIакIуэхэм къыхалъхьа апхуэдэ Iуэху щхьэпэр даIыгъащ район, къуажэ администрацэхэм, щIэныгъэ, щэнхабзэ, спорт, медицинэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, предприятэхэм. Марафоным хэта цIыху 600-м, Бахъсэн, Балъкъ, Къулъкъужын псыхэм я Iуфэу километр I4 зыхуей хуагъэзащ икIи а щIыпIэхэм пхъэнкIийрэ кIэрыхубжьэрыхуу куэд ирашащ.
Бахъсэн щIыналъэм и эколог нэхъыщхьэ Шыбзыхъуэ Заур хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр зэрыщигъэгъуэзамкIэ, щIыуэпс къабзагъэм ехьэлIа апхуэдэ Iуэхухэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкIыну я мурадщ. Псы Iуфэхэм я мызакъуэу абыхэм ягъэкъэбзэнущ гъуэгубгъухэр, мэз, бгы лъапэхэр.
Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщI къалэныр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Балъкъыз Артур къуажэ унафэщIхэр хэту иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Экологистика» щIыналъэ операторымрэ жылагъуэ унафэщIхэмрэ зэгъусэу къабзагъэм ткIийуэ кIэлъыплъын зэрыхуейм.

Лъостэн Музэ.
Поделиться: