Мы гъэм и япэ зэIущIэКъБР-м и Парламентым и Президиумыр мы гъэм япэу зэхуэсащ. Ар къыщызэIуихым Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жиIащ гъатхэ сессиер гугъуу зэрыщытынур икIи депутатхэм ехъуэхъуащ я къалэнхэм ехъулIэныгъэ яIэу пэлъэщыну. «Транспорт налогым», «IуэхущIапIэхэм я мылъкухэм техьэ налогым» теухуауэ КъБР-м и Законхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и проектым зэIущIэм щыхэплъащ. Проектыр зэхагъэувэным щхьэусыгъуэ хуэхъуащ федеральнэ законодательствэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэ щхьэхуэхэр. КъБР-м и Парламентым бюджетымкIэ, налогхэмрэ финансхэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил зэрыжиIамкIэ, налог зытехьэ бгъэIэпхъуэ мыхъу мылъкухэм я бжыгъэм къыхэхъуащ. УФ-м и щIыналъэхэм я законхэм тету IуэхущIапIэхэм я мылъкухэм техьэ налогыр къызэрапщытэ базэ щыIэщ. Абы хеубыдэ псэупIэхэр, гаражхэр, автомобиль гъэувыпIэхэр, унэ ныкъуэщIхэр, апхуэдэуи, цIыху щхьэхуэхэм псэупIэ щаухуэну, жыг щагъэкIыну е гъавэ щащIэну хухаха щIы Iыхьэхэм тращIыхь ухуэныгъэ зэхуэмыдэхэр.
Поделиться:
Читать также:
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
06.04.2024 - 09:00 →
Мэкъумэш IэнатIэм и зэфIэкIхэм арэзы къещI
09.03.2024 - 13:10 →
Мэкъумэш IэнатIэр я нэIэ щIэтщ
|