Гукъыдэж къозыт гъэлъэгъуэныгъэ

Иджыблагъэ «Гранд-Кавказ» хьэщIэщым Илъэ­сы­щIэм хуэ­гъэпса гъэлъэгъуэ­ныгъэ къы­щы­зэIуахащ.
 
- Я гъащIэм къыщы­хъуа хъыбархэмрэ Iуэхугъуэхэмрэ цIы­ху­хэм ИнтернетымкIэ тыншу зэIэпах. Аращ «Стори» ­гъэ­лъэгъуэныгъэм къе­жьапIэ хуэхъуар, - мы псалъэхэмкIэ зэIущIэр къызэIуихащ КъБР-м и Су­рэтыщIхэм я зэгухьэ­ныгъэм и уна­фэщI ­Къаныкъуэ Жаннэ. 
Абы щыплъагъу дэтхэнэ лэ­жьыгъэми хъыбар гъэщIэгъуэн­ иIэщ. Псалъэм папщIэ, сурэ­тыщI цIэрыIуэ Шэ­шэн Юрэ, абы и щхьэгъусэ Еленэрэ и анэ Верэрэ я IэдакъэщIэкI куэд утыку кърахьащ.
Щэмей Руслан Iуащ­хьэмахуэ и теплъэ ищIар таурыхъым къыхэкIа хуэ­дэт. Апхуэдиз лэжьыгъэ зытращIыкIа бгы уардэм сурэтыщIым нэгъуэ­щIынэкIэ урегъэплъ.
Насып Маргаритэ сурэт щIын зэрыщIи­дзэрэ куэд мы­щIами, и IэзагъкIэ сурэтыщI цIэ­-     ры­Iуэ­хэм къакIэрыхуркъым.
- ЗэрымыщIэкIэ тщIауэ жы­пIэ хъунущ мы гъэ­лъэгъуэныгъэр. ди жэрдэмыр къыддэзыIыгъа сурэтыщIхэм я лэ­жьы-­ г­ъэхэрщ флъагъур, - къыджиIащ Къаныкъуэ Жаннэ.
Абы лъэIукIэ захуигъэзащ зэIущIэм кърихьэлIахэм:  щхьэж и Инстаграм напэ­кIуэ­цIым гъэлъэгъуэныгъэм щыщу игу ирихьа лэжьыгъэмрэ теухуа хъыбар кIэщIрэ иратхэну.  Те­кIуар Ерчэн Еленэщ. Абы ИлъэсыщIэм и дамыгъэ Уае Дадэ тыгъэ хуа­щIащ.

 

Тэрчокъуэ Дисэ.
Поделиться: