Поликлиникэр къызэIуахыж

Иджыблагъэ къызэIуахыжащ Къалэ сабий поликлиникэ №1-м и къудамэу Хмельницкий Б. и цIэр зезыхьэ уэрамым ­тетыр. Сабий мин 11-м щIигъум я узыншагъэм щыкIэлъыплъ медицинэ IуэхущIапIэм лэжьэн зэрыщIидзэжам адэ-анэхэр икъукIэ щыгуфIыкIащ.

IэнатIэм пэрытщ педиатру 10, лэжьэгъуэ пIалъэ хэха яIэу щыIэщ невролог, ортопед, УЗИ-диагност IэщIагъэлIхэр. Мы ­махуэхэм къриубыдэу поликлиникэм сабий 300-м щIигъум я ­узыншагъэр къыщапщытащ.
Къалэ сабий поликлиникэм и дохутыр нэхъыщхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Тезадэ Лианэ зэрыжиIэмкIэ, сабий къудамэр щылэжьа унэр и щIыбкIи и кIуэцIкIи жьы дыдэ хъуат, щIэт хьэпшыпхэри куэд щIауэ зэхъуэкIын хуейт. КъищынэмыщIауэ, абы и пэшхэри кIэлындорхэри Iэзэвлъэзэвт, цIыхуитI тыншу щы­зэблэмыкIыфу. А псори къатехьэлъэрт щылажьэхэми къекIуа­лIэхэми.
«Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм цIыхухэм япэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ и IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэ­щIэ­жын» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ поликлиникэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуагъэзэжащ. Абы трагъэкIуэдащ сом ­мелуа­-нищым нэблагъэ икIи зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр мазихым къриубыдэу зэфIагъэкIащ. Унэ гупэр екIуу зэрахьащ, бжэхэр, щхьэгъубжэхэр, пэш лъэгухэр щIэкIэ яхъуэжащ, хьэп­шыпхэр зэрахъуэкIащ, компьютерхэмкIэ къызэрагъэпэщащ. Ухуэныгъэм къызэрыпащIыхьыжам и фIыгъэкIэ IуэхущIапIэм и кIуэцIыр нэхъ хуит икIи нэху хъуащ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу къыхагъэщыр иджы щIыхьэпIитI иIэ зэрыхъуарщ. Абы и ­фIыгъэкIэ сабий сымаджэхэмрэ узыншэхэмрэ зэблагъэкI. 
ЖыпIэнурамэ, иджырей мардэхэм изагъэу ­къагъэщIэрэщIэжа медицинэ IуэхущIапIэр дохутырхэми абы къекIуалIэхэми ягу дыхьащ. 

Сурэтыр  Елъкъан Артур  трихащ.

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: