МЭРЕМ ПШЫХЬ

ГъащIэм куэд къыщохъу

Утезмыдзэмэ, сызэгуоуд

Джылахъстэнейм и колхоз нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым и унафэщIыр губгъуэм ихьауэ елъагъу: Iэхъуэр мэжейри удзыпцIэм хэлъщ, былымхэр гъавэм хыхьауэ Iисраф зэтращIэ. Хозяйствэм и тхьэмадэр лIы пIащэжьт, Iэчлъэчт, бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастерт. Ар къэгубжьауэ Iэхъуэм бгъэдыхьэщ, епхъуэщ, и щхьэщыгум нэс иIэтри, жиIащ: «Сыт уэсщIэнур? Утызодзэри - узэгуоуд, утезмыдзэщи, сэ сызэгуэудынущ».

Джэдыгури фочри дагъэкIуащ

Ельциным щихьэмтетыгъуэ, щхьэж лъэкIыр щызрилъэфалIэ зэманым Хьэмзэт мэл зыбгъупщI зэригъэпэщат. Ар хыхьэхэкI зиIэ, къуажэдэсхэр зыщышынэ гуэрт. Арати, Хьэмзэт къуажэбгъум щиIэ щIапIэм щиIыгъ мэлхэм ящыщу тIур зы жэщ гуэрым фIадыгъуащ. «Мэлхэр сызэрейр ящIэ хъунтэкъыми аращ, армыхъумэ, уэлей, сэ къысщымышынэу къызэмыдыгъуэнIат», - жиIащ.
ЕтIуанэ жэщми аргуэру и зы мэл ягъэкIуэса. «Уэлей, хэту щытми, а къызэуэсар хэзгъэбэгэнмэ», - жери, фочыр и плIэм иредзэ, дунейр тIэкIу щыIэтыIэти, мыпIыщIэн щхьэкIэ джэдыгу къыздещтэ, пэлыщтоф ныкъуэфI щIрегъэубыдэжри, чэ-тым пэгъунэгъуу щищIа гуэщым щIэт гъуэлъыпIэм йогъуалъхьэ. Жэщыбг пщIондэ жеякъым - зэщIэдэIукIыу хэлъащ. Нэхущым къызэщыумэ, и мэл къэнэжари мэхь-мэхь, и джэдыгури, и фочри - бгъуэтмэ къащтэ.
Саут СулътIан.

Нэщэнэхэр

Псы макъыр ищхъэрэкIэ къыщыIумэ…

МафIэм уриджэгуну фIыкъым.
Мэрем пшыхьым пхъэнкIий ирадзыртэкъым.
НапщIэ уфар угъурлыкъым жаIэрт.
Псы макъыр ищхъэрэкIэ къыщыIумэ, уэлбанэ хъуну къалъытэрт.
ПхъэнкIэрей угъурсызщ жаIэрт.
Къуалэбзур гувауэ щIыпIэ хуабэм лъэтэжмэ, щIымахуэр ткIиинукъым, пасэу лъэтэжмэ, щIымахуэр щIыIэнущ.
Бжьыхьэм уэсыр пасэу, куууэ къесмэ, гъавэщIэр бэв хъунущ.
Бжьыхьэ тхьэкIумэкIыхьыр уэдмэ, уэс щIагъуэ щыIэнукъым, пшэрмэ - уэсышхуэ къесынущ жаIэрт.
Шыугъэ яIэщIэщIамэ е шыгъу иракIутамэ, унэм къаугъэ къихъуэнущ жаIэрт.
Гъавэм утеувэмэ, берычэтыр хокI жаIэрт.
Гъуэгу техьам кIэлъыпхъанкIэртэкъым, пхъэнкIии кIэлърадзыртэкъым, псым икIыху.
ГъуэгущхьэIум пхъэщхьэмыщхьэ жыг хэпсэну фIыщ.
Джэгу пщIыхьэпIэу плъагъумэ, уонэщхъей жаIэрт.
Джэдур жыхапхъэм епIэстхъмэ, хьэщIэ къэкIуэнущ.

ГушыIэхэр

КъыфIэдзэ си бзэгум
 
Махуэ гуэрым Хъуэжэ пщIантIэм дэту шу блэкIыу илъэгъуащ. Сэлам къыщрихым, мыдрейми, хабзэм зригъэхьри, жиIащ:
- Еблагъэ, хьэщIэ, зодгъэгъэпсэхунщ!
Шур жыжьэ къикIырт, ешат, къуажэми хэгъэрей щиIэтэкъыми, «къеблагъэ» къыщыжраIэм, гуфIэри къыдыхьащ. Зыкъригъэлъэтэхри зиплъыхьа щхьэкIэ, пщIантIэм шы фIэдзапIэ щилъэгъуакъым.
- Мы шыр дэнэ фIэздзэн? - жиIэри хьэщIэр къеупщIащ Хъуэжэ.
Адыгэ хабзэм зригъэхьу «къеблагъэ» жиIа щхьэкIэ, Хъуэжэ тхьэмыщкIэ Iейуэ псэурти, щIегъуэжащ.
- КъыфIэдзэ си бзэгум, - жиIащ Хъуэжэ.
Шум къыгурыIуэри, шэсри дэкIыжащ.

И ныкъуэр сиIащэрэт

ЗэлIзэфызыр зэфIэнат. ЛIым и псалъэр зэпиуду фыз губжьам:
- Сыту акъылыншэ ухъуа, дыдыд Iей мыгъуэ! - щыжиIэм:
- Бетэмал, нэгъуэщI мыхъуми, а иджы сиIэ акъылым и ныкъуэр сиIащэрэт уэ пэшэгъу усщIыну сигу къыщихьам щыгъуэ, - пидзыжащ лIым.

Умыщхьэхыу сыту упсэлъэфрэ?

Паштыхь гуэрым унафэ ищIат: къэралым щхьэхынэу исым хэплъыхьу я нэхъ щхьэхынэ дыдэу тIу къыхуашэну. Пащтыхьым жиIар унафэти, псоми хэплъэри, нэхъ щхьэхынэ дыдэу тIу къыхахри къыхуашащ.
ТIури къэтIысын щхьэхыу плIаплIэу гум илът. Пащтыхьыр къыщIэкIри еплъащ, унафэ ищIри гум кърыригъэхри, унэ нэщI гуэрым щIригъэлъхьащ. ЯщIэм кIэлъыплъыну хъумакIуи Iуигъэувэжащ. Жэщ-махуэ куэдкIэ хъумакIуэр якIэлъыплъащ, арщхьэкIэ щхьэхынитIри щылът замыгъэхъейуэ.
ИтIанэ пащтыхьым унафэ ищIащ ахэр зыщIэлъ унэм мафIэ щIадзэну.
МафIэр кIуэурэ зым деж нэсри и лым еIэ щыхъум:
- Си гугъэмкIэ мафIэ къытщIадзащ, - жиIащ зимыгъэхъейуэ здэщылъым.
- Умыщхьэхыу сыту упсэлъэфрэ? - жиIащ адрейр къэпсалъэри.
КъардэнгъущI  Зырамыку.

ГукъэкIыж

Гуужьымрэ выжьитIымрэ къезыгъэла лIыжь губзыгъэ

Мазих нэблагъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыфыщIа нэмыцэдзэр Зеикъуэ къуажэм щыдахужым, абыхэм якIэлъежьащ ягъэдела, ядэлэжьа цIыху гуэрхэр. Полицэм и унафэщIу лэжьа Шидэ абыхэм я фIэщ ищIат бийр махуэ бжыгъэкIэ икIуэтыжу къигъэзэжыну.
Къуажэр нэмыцэдзэм яубыда иужь колхозыр якъутэжри, бригадэхэм я пIэкIэ унагъуэхэр пщIырыпщIу зэгуагъэхьэурэ мылъкур трагуэшат. Ди унагъуэр зыхэт гупым и тхьэмадэр, къытлъыса зы выгу зэщIэщIар зэгъэбыдылIар Хьэжы Батырбэчт. Абы и пщэм иралъхьат къуажэм къахуэна гуужь закъуэри ихъумэну.
Шидэ Батырбэч деж лIыкIуэ къищIащ выгу зэщIэщIам гуужьыр кIэрищIэу, ежьэнухэм къаритыну. Батырбэч лIыкIуэм жриIащ: «Сэ сыныдэкIынущ а выгу зэщIэщIам сису, лы хуей дыхъумэ дыукIыжыну гуужьри ныздыдэсшынущ». «ИгъащIэми лIыжь губзыгъэт ар», - жиIэри Шидэ къыщытхъуащ абы, хуахьа хъыбарым щыгуфIыкIауэ.
Зи щхьэм дзыхь хуэзымыщIыж Шидэ и автоматыр и уанэ къуапэм фIэлъу, и кIэрахъуэшхуэр гуэлэлу кIэрыщIауэ Батырбэчхэ я пщIантIэм шууэ къыдэлъэдащ. Гур унэ бжэIупэ дыдэм деж Iутт. Абы шыуан, кIэструл, хьэжыгъэ къэп ныкъуэ, упщIэ, щIакIуэ, нэгъуэщI зыхуеину гуэрхэр илът. И гум къэкIа шэчыр кIуэдыжауэ Шидэ гуфIэу Батырбэч зыхуигъэзащ: «Тхьэр арэзы къыпхухъу, Хьэжы, дызэрыпщыгугъауэ укъыщIэкIащ, улIыжь губзыгъэщ. Къуажэм жэщу ныдэкI, Бахъсэн унэсмэ, гъуэгум сэмэгурабгъумкIэ дэдзыхи, Псыхуабэ лъэныкъуэмкIэ гъэш. Абдеж губгъуэшхуэм псори дыщызэхуэсынущи, закъыкIэрумыгъэху».
Игу зэгъауэ Хьэжыхэ я пщIантIэм Шидэ къыщыдэжыжым лIыжьыр абы къыкIэлъыплъырт и нэ лъэныкъуэр щIиукъуэнцIауэ, и пащIэкIэ щIэгуфIыкIыу икIи игукIэ къыхужиIэрт: «А незбгъэшэжьэну узыщыгугъ гуу пэхужьым и акъылым хуэдизщ уэри уиIэр, былым».
А щIыкIэм тету, Хьэжы жылэр зэзыпхъуэну зи гугъа Шидэ дэкум хуэдэу къигъапцIэри, выгу зэщIэщIари, къуажэм я гуу цIэрыIуэри зейм къахуигъэнэжащ.
Къэрмокъуэ  Мухьэмэд.

ЦIыкIухэм папщIэ

Лацэ пшынауэ

Лацэ йоуэ пшынэм,
Къафэ кърегъэкI.
Джэгур щащI лэгъунэм,
ЦIыкIухэр щоуджэкI.

Пшынэм и бзэ дахэм
Джэгур зэхишащ.
Пщащэм я нэхъ дахэр
Утыку кърашащ.

Къигъэпсалъэу унэр,
Iэгур щIакъутыкI.
Мэбзэрабзэ пшынэр,
Лаци погуфIыкI.

Утыку ихьа Лацэ -
И макъ егъэIуф.
Къашыргъэ КIурацэ,
Къафэм дожьууф.

Ди хьэмыщэ фыкIэрыкI

Ди хьэмыщэ
Из и ныбэ?
Хьэ лэгъунэм
КъыщIэмыкI.
Хьэгулывэу
Абы хуэсхьыр
Джэд нэпсейхэм
ФIырашхыкI.
ТIэкIу яхуитI фIэкI
И дзэлыфэр,
Зыми и зэран
ЕмыкI.
Джэд нэпсейхэ,
Фэ и жагъуэ
ФымыщI мыщэ -
ФыкIэрыкI.
Сэ фэстынщ, лIэун,
Щыкъун,
Къывэлыжу
Фхурикъун!

 

Хъарбыз

И бжэIупэм ди тыкуэным
Хъарбыз щащэу зэхызох.
Сэ щэхуакIуэ сыхуэкIуэну
Дадэ ахъшэ къыIызох.

Сыхоплъыхьри, я нэхъ иныр
Хъарбыз самэм къыхызох.
Ар ислъхьэну, тхылъымпIэпсу
Хъуржынышхуи къаIызох.

Мыхьэнэншэт хъуржынышхуэр -
ЗэфIотхъ, къэзмыкIуауэ куэд.
Тохуэр щIыми хъарбызышхуэр
ЗэхуэдитIу зэгуеуд.

Нэсхьэсакъым ар ди Iэнэм -
Сошх и ныкъуэр хъарбыз хъуам.
Адрей ныкъуэр сохьыр унэм
Дадэ жызоIэж къэхъуар.

«Iэмалшыщ мыр» жиIэ хуэдэ,
Къызоплъ дади, мэдыхьэшх.
СIех къэсхьар, «къакIуэ мыдэ, -
ЖеIэ, - IэфIу зэдэдгъэшх».
Мэз Iэниуар.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ