Адыгейм и Iэтащхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къохъуэхъу

Адыгей Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат Инстаграмым щиIэ и напэкIуэцIым Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэсищэ зэрырикъуэмкIэ абы щыпсэухэм къехъуэхъуащ.
«Адыгейм щыпсэухэмрэ сэрэ къыдбгъэдэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки, къуэш щIыналъэм щыпсэу и цIыхубэми гурэ псэкIэ дынывохъуэхъу фи Къэралыгъуэм и махуэмкIэ. - щыжеIэ хъуэхъу тхыгъэм КъумпIыл Мурат. - 1922 гъэм щIышылэм и 16-м Бгырыс АССР-м къыхэкIри, Къэбэрдей-Балъкъэр автоном щIыналъэмрэ Балъкъэр округымрэ зы Республикэу зэгухьауэ щытащ.
Илъэси 100-р - мыхьэнэшхуэ зиIэ тхыдэ гъунапкъэщ, къэпкIуа гъуэгуанэм уриплъэжыну. Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ гъуэгуанэшхуэ къызэпичащ, гъащIэ и лъэныкъуэ псомкIи зыужьыныгъэ щызыIэригъэхьэу, щыIэныгъэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр хилъхьэу. Нобэ щIыналъэм игъуэта зэфIэкIым япэ ита нэхъыжьыфIхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэфIхэр и лъабжьэщ. Шэч хэлъкъым, дяпэкIи абы текIынукъым, нэхъри ефIакIуэу екIуэкIынущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказ Ищхъэрэм и щIыпIэ хьэлэмэтхэм ящыщ зыщ. Абы и цIыхухэр гуащIафIэщ, Урысей Федерацэми хэгъэгуми и зыужьыныгъэм хьэлэлу хуолажьэ.
Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрыр дяпэкIи зэрефIэкIуэнур, текIуэныгъэ куэди зэрызыIэригъэхьэнур. ЩIыналъэм и унафэщI КIуэкIуэ Казбеки абы щыпсэухэми сохъуэхъу узыншагъэ быдэ яIэну, махуэщIми мамырыгъэ, фIыгъуэ, зэIузэпэщыныгъэ къахудэкIуэну. Тхьэм фригъэфIакIуэ!»

 

Поделиться: