ДыгъуакIуэр яубыдащ

Мы гъэм щIышылэм и 4-м Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм зыхуигъэзащ илъэс 31-рэ зи ныбжь къалэдэсым. ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, Налшык къалэ Масейм и уэрамым тет тыкуэным и бжэм хэлъ IункIыбзэр зыгуэрым икъутэри, абы щIыхьащ икIи ахъшэу сом 65 000-рэ ерыскъыхэкIыу сом 16 000 и уасэрэ къыщIидыгъукIащ.

 УМВД-м и лэжьакIуэхэм яубыдащ а щIэпхъаджагъэр илэжьауэ шэч зыхуащIар. Нэхъапэми мызэ-мытIэу суд зытращIыхьа налшыкдэсым ищIамкIэ зиумысыжащ.
УФ-м и УК-м и 158-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ Iуэху къаIэтащ. 

Чэфу рулым дэст

2022 гъэм щIышылэм и 8-м Урысей МВД-м Тэрч районымкIэ и къудамэм и ОГИБДД-м и гъуэгу-плъыр къулыкъум и инспекторхэм къагъэувыIащ мы щIыпIэм щыпсэу, илъэс 23-рэ хъу щIалэр зи рулым дэс «ВАЗ-2109» автомашинэр. ЩIалэр чэфт. 
 ЩIалэщIэр нэхъапэми административнэ жэуапым ирашэлIат Урысей Федерацэм и КоАП-м и 12.26. статьям и I Iыхьэм ипкъ иткIэ (чэфмэ къащIэн папщIэ къапщытэныгъэм пхыкIыныр уэим зэрищIам папщIэ). 
Абы теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и УК-м и 264.1 статьям ипкъ иткIэ. Автомашинэр абы хуэщIа гъэувыпIэм къыщыхутащ.

Къэралым къыщалъыхъуэрт

ЩIышылэм и 9-м Дзэлыкъуэ и район полицейхэм яубыдащ илъэс 24-рэ зи ныбжь, мы щIыпIэм щыпсэу щIалэр. Абы суд органхэм защигъэпщкIурт УФ-м и УК-м и 254.1 статьям къыщыхьа щIэпхъаджагъэр зэрилэжьам къыхэкIыу икIи къэралым къыщалъыхъуэрт.
 
 

Дыгулыбгъу Жантинэ.
Поделиться: