Театрым пыщIа IэщIагъэхэм щыхагъэгъуазэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм техникэмрэ мэкъумэшымрэ ятеухуа литературэмкIэ и къудамэм зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ. Абы и лэжьакIуэхэм 2014 гъэм щыщIэдзауэ ягъэзащIэ «В лабиринте профессий» проектыр, ныбжьыщIэхэр зыхуеджэну IэщIагъэр къыхахынымкIэ ядэIэпыкъуным, абы ехьэлIа чэнджэщхэр етыным теухуауэ.

Зэхыхьэр щекIуэкIа пэшым къыщызэрагъэпэщащ «Моя профессия - моё будущее. Познакомьтесь: профессия режиссёр» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. Абы хагъэхьащ Iуэхум ехьэлIауэ библиотекэм и фондым щахъумэ лэжьыгъэ купщIафIэхэм щыщхэр.
Iуэху дахэр къызэрыхалъхьэрэ ныбжьыщIэхэр хагъэгъуэзащ пщафIэ, агроном, ветеринар, сварщик, ухуакIуэ, кинолог, эколог, дизайнер, медицинэм и лэжьакIуэ, гъунапкъэхъумэ IэщIагъэхэм. Ар къыхэзылъхьахэм зытрагъэчыныхьыр ныбжьыщIэхэм лэжьакIуэ IэщIагъэхэм гулъытэ нэхъыбэ хуегъэщIынырщ. Ауэ, а зэхыхьэхэм хэтхэр нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми зэрыдахьэхыр къалъытэ икIи щIэупщIэ нэхъ зиIэхэм траухуэ.
2019 гъэр Урысей Федерацэм Театрым и илъэсу зэрыщагъэувар къалъытэу, зи чэзу зэхыхьэм къекIуэлIахэм яхутепсэлъыхьащ театрым пыщIа IэщIагъэхэм. Абы ирагъэблэгъащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и режиссёр кафедрэм и унафэщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Мухьэмэд, а еджапIэм режиссёр IэщIагъэм щыхуезыгъаджэхэу Бжьахъуэ Лелярэ Айтэч Джамилэрэ, телевиденэм и лэжьакIуэ, режиссёр Ашэбокъуэ Дамирэ, студентхэр, еджакIуэхэр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъа егъэджакIуэхэр къы­теувыIащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым щызрагъэгъуэтыфыну IэщIагъэхэр зы­хуэдэм, егъэджакIуэхэм щIэныгъэ куу зэ­раб­гъэ­дэлъым, я студентхэр зыхурагъаджэ унэ­тIыныгъэхэм, къыхаха IэщIагъэм ахэр зэрыхущIемыгъуэжыр, иужькIэ я щIэныгъэр къызэрагъэсэбэпыфынум, IэнатIэ яхуэхъунухэм. КъыжыIапхъэщ, зэхыхьэм режиссёр IэщIагъэм гулъытэ нэхъыбэ зэрыщыхуащIар.
ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищъэрэ къэрал институтым и студентхэм зэIущIэм кърихьэлIахэм я пащхьэм я лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр щагъэлъэгъуащ, джэгукIэ щIыкIэу къызэрагъэпэща Iуэхум къызэхуэсахэри къыхашэу. Абыхэм я гуапэу къыхагъэщащ выставкэхэм, фестивалхэм, республикэ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм жыджэру зэрызыкъыщагъэлъагъуэр я зэфIэкI еплъыжынымкIэ зэрыIэмалыфIыр. ХьэщIэхэм жэуап иратащ ныбжьыщIэхэр зыщIэупщIахэм.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: