Псы къыщIэшыпIэщIэ ухуэн щIадзэнущ

Мы зэманым Бахъсэн щIыналъэм щыщхэу Зэикъуэ, Ислъэмей, ХьэтIохъущыкъуей, Бахъсаненок, ПсыкIэху къуажэхэр, Бахъсэн къалэр псыкIэ гугъу иохь. КъедбжэкIа жылагъуэхэм цIыхуу щопсэу мин 98-м нэблагъэ. Абыхэм я процент 49,4%-р тэмэму псыкIэ къызэгъэпэщакъым е зэфэ псым и фIагъыр щIагъуэкъым.
2040 гъэ пщIондэ а зи гугъу тщIа жылэхэм щыпсэухэм я бжыгъэр цIыху мини I60-м нэсыну хуагъэфащэ. Псыуэ къагъэсэбэпынум и куэдагъри зы жэщ-махуэм куб мин 40-м нэблэгъэну къалъытэ. Абы къыхэкIкIэ унафэ къащтащ щIыналъэ бюджетымрэ щIыхуэу къащта ахъшэрэ къагъэсэбэпу, псы къыщIэшыпIэщIэ яухуэну.
Бжьамийуэ яукъуэдийнум и кIыхьагъынущ километр 77-м нэблагъэ. Лэжьыгъэр мы гъэм яублэнущ. Ухуэныгъэр яухыну я мурадщ 2023 гъэм и кIэм.

НафIэдз Мухьэмэд.
Поделиться: