Нэхъ жыджэрхэр ягъэлъапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ республикэм и лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм я лIыкIуэхэр зэхуишэсащ. Ар теухуауэ щытащ блэкIа илъэсым зэфIагъэкIахэр къэпщытэжыным, мы гъэм къапэщылъхэр убзхыхуным.
- Нэгъабэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрыдгъэхьащ, - къыхигъэщащ Люазэ. - Коронавирус узыфэм зедмыгъэубгъун папщIэ дысакъын хуей хъуами, зэрытхузэфIэкIкIэ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр зэдгъэхъулIащ. Зэныбжьэгъугъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ яку дэлъу щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ центрхэм зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр къызэрагъэпэщащ мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэным теухуауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэр зэдыхэтащ махуэшхуэхэм иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, къыхалъхьэ жэрдэмхэр даIыгъащ. Илъэсым кърикIуахэр щызэхалъхьэжам, КъБР-м граждан жылагъуэ институтхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм 202I гъэм и мыкоммерцэ IуэхущIапIэ нэхъыфIу дыкъызэрилъытар гуапэ тщыхъуащ.
Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я «Вече» зэгухьэныгъэм и унафэщI Канунников Анатолий игу къигъэкIыжащ лъэпкъ щэнхабзэ центрхэр къызэрызэрагъэпэщауэ щытар, фондым и лъабжьэр зыгъэтIылъахэр. Абы къыхигъэщащ зэхыхьэм хэт дэтхэнэми IуэхущIапIэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIар.
Люазэ лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм я унафэщI нэхъ жыджэрхэм я цIэ къриIуащ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым и щIыхь тхылъыр яритащ.
- Лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм я унафэщIхэм я зэхыхьэм япэу 202I гъэм дыгъэгъазэм дыхэтащ, - жиIащ Устиновэ Маринэ. – Абы къыщыхалъхьауэ щытат Къэбэрдей-Балъкъэрым «Нарспи» лъэпкъ щэнхабзэ центр къыщызэрагъэпэщыну, республикэм щыпсэу чувашхэр зэкъуагъэувэн, я щэнхабзэр, тхыдэр яхъумэжын, абыхэм къахэкIа цIыху цIэрыIуэхэр республикэм щыпсэухэм кърагъэцIыхун, Чувашие республикэм и зэфIэкIхэр, Урысейм и экономикэ зыужьыныгъэм хуищI хэлъхьэныгъэхэм щагъэгъуэзэн папщIэ. Гуапэщ ЩэнхабзэмкIэ фондыр къызэрыддэIэпыкъур, и унагъуэшхуэм дызэрыхигъэхьар.
ЗэIущIэм хэта дэтхэнэми псалъэ иратащ. Шэч хэмылъу пшыхьыр щхьэпэщ щIыналъэм мамырыгъэр щыгъэбыдэнымрэ цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: