ЗыплъыхьакIуэ къакIуэхэм къахохъуэ

ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу КъБР-м щыхьэщIащ турист мин 70-м нэблагъэ. Зыгъэпсэхугъуэ махуибгъум къриубыдэу, нэгъабэ и апхуэдэ зэманым елъытауэ ди щIыналъэм зыщызыгъэпсэхуахэм я бжыгъэр куэдкIэ щынэхъыбащ. А махуэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъэпсэхуащ цIыху мин 55-м нэблагъэм, Европэм и бгы нэхъ лъагэм щыIащ цIыху мин 35-рэ. Шэджэм, Шэрэдж аузхэм, Гуэл щхъуантIэхэм, нарзан къыщIэжыпIэхэм, Бахъсэн куейм и зыгъэпсэхупIэхэм щыIахэм я бжыгъэри мащIэкъым.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: