Лыхь жылэ цIыкIу

Истамбыл и гъунэгъу Бейкоз куейм хыхьэ Полонезкёй къуажэ цIыкIум мызэ-мытIэу и гугъу тщIащ ди лъэпкъэгъухэр зэрыдэсым къыхэкIыу. Ауэ адыгэхэм нэмыщI, лыхь къуажэу ябж а жылэм дэсщ Тыркум щыхэхэс лыхьхэр (Польшэм и цIыхухэр).
Зи дахагъэм, гуакIуагъэм дыдихьэха жылэ цIыкIум и тхыдэм, иIэ псэукIэм, дэсхэм я зэхэтыкIэм, щалэжьымрэ щашхымрэ зэдгъэщIэн мурадкIэ, Тыркум дыщыщыIа махуэхэм зыхуэдгъэзащ Полонезкёй къуажэм и администрацэм и тхьэмадэ, лыхь щIалэ Охотский Даниэл.
- Сэ мы къуажэращ сыкъыщалъхуар. Къапщтэу щытмэ, Полонезкёй къызэзыгъэпэщауэ ялъытэр тхакIуэ цIэрыIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Чайковский Михаилрэ абы и щхьэгъусэ Снядецкая Людвикэрэщ. Лъэпкъ щхьэхуитыныгъэм и телъхьэу зэрыщытым ипкъ иткIэ, зи хэкур зрагъэбгына я лъэпкъэгъухэм щхьэкIэ лыхь колониеу къызэрагъэпэщауэ арат Полонезкёй. Апхуэдэ колониер къызэбгъэпэщын папщIэ, дауи, ахъшэшхуэ текIуэдэнут. Къуажэ цIыкIуу зэхэтIысхьахэм мылъкукIэ къадэIэпыкъуащ Чарторийский Iэдэм, хэхэс лыхьхэм я пашэу щытар. Мис а Чарторийскэм и цIэр колонистхэм фIащыжауэ арат ди хэщIапIэм.
- Мы къуажэм лыхьхэр зэрыщызэхэсыр сэбэп хъуагъэнщ фи бзэр, хабзэр фщымыгъупщэжынымкIэ.
- Польшэ къэралыр щызэхакъутам, ар политикэ картэм щикIуэдыкIам лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтенэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ мы жылэм. Адампол а лъэхъэнэм щылажьэрт католикхэм я члисэ, я бзэмкIэ щрагъаджэ школ. Абы лыхь литературэр щахъумэрт, унагъуэхэм лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ зэрыщызэрахьэным иужь итхэт.
Бзэр, хабзэр нэгъуэщI щIыпIэ хъума щыхъунымкIэ сэбэпышхуэщ зэгъунэгъуу узэхэсыныр, абы къищынэмыщIауэ, зэлъэпкъэгъухэр зэрышэныр. Ди щIалэ куэдым Польшэм нысащIэ къраш, ди хъыджэбзхэри лыхьхэм дэкIуэмэ нэхъ къащтэ. Апхуэдэ унагъуэхэм я бынхэм къызыхэкIар ящIэжу, я анэдэлъхубзэр яIурылъу къохъу. Польшэм худиIэ пыщIэныгъэр хуабжьу куущ, япэм хуэдэжкъым иджы, сыхьэтитIкIэ докIуэф, ди благъэ, Iыхьлы, ныбжьэгъу жыпIэми дгъэкIуэдыркъым. Полонезкей фестиваль къыщызэдгъэпэщми, Польшэм апхуэдэ зыгуэр щекIуэкIми, дызэрыхэтыным иужь дитщ, дэри къыдогъэблагъэ. КъищынэмыщIауэ, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм цIыкIухэр хэкужьым догъакIуэри, зы мазэ-мазитIкIэ щыдогъэIэ. Гухэхъуэщ ахэр я бзэкIэ псалъэу, хабзэм хащIыкIIауэ къызэрыкIуэжыр.
- Иджыпсту лыхьи тыркуи зэгурыIуэу щызэдэпсэу си гугъэщ къуажэм?
- Ди къуажэр инкъым, лыхьу I00 хуэдиз дэсу аращ, тыркухэри къытхэсщ. Зэи зэгурымыIуэныгъэ гуэри ди зэхуаку къыдэхъуакъым, зэдэIэпыкъужу, зыхуэгумащIэу апхуэдэщ зэгъунэгъухэр, къызыхэкIа лъэпкъым емылъытауэ. Махуэшхуэхэр зэдэдгъэлъапIэу, гузэвэгъуэ зыгуэр хэхуами, зэрыщхьэщытхыным иужь диту апхуэдэщ.
- Къуажэдэсым сыт яшхрэ, сыт ялэжьрэ?
- Полонезкёй Истамбыл пэблагъэ зыгъэпсэхупIэу зэрыщытым ипкъ иткIэ, туризм Iуэхущ нэхъыбэм зэрахуэр. Къуажэр къызэхэфкIухьмэ, флъагъунущ дэтхэнэми хьэщIэщхэр, шхапIэхэр, зыгъэпсэхупIэ телъыджэхэр къызэригъэпэщауэ зэригъэлажьэр. Абы цIыхур ирытоу, зэрыпсэуни кърелэжь, жылэр зыхуей хуегъазэ. Туризм Iуэхум пымыщIахэр Истамбыл щолажьэ.
- Фи къуажэм дэт хьэщIэщхэм ящыщ зым, дэ дыкъыщыувыIам, и тхьэмадэр адыгэ щIалэщ. Уэ ар уи ныбжьэгъущ, сыт яхэпщIыкIрэ Тыркум ис адыгэхэм.
- Тыркум щыпсэу шэрджэсхэмрэ дэрэ дызэпызыщIэр ди тхыдэм къыхэна Iуэхугъуэ зэщхьырщ. Ди хэкухэм щекIуэкIа зауэ гущIэгъуншэм дыкърихужьауэ аращ дэри адыгэхэри. Ди адэшхуэхэм мыбы къахьэса хабзэр, анэдэлъхубзэр зэрызыIэщIэдмыгъэхуным иужь диту, дызыхэс лъэпкъым зэрызыдедгъэкIуным дыпылъу дызэрыпсэум зэщхь дещI икIи зэхущытыкIэфIхэр диIэщ. Хьэткъуэ Нэжэт нэмыщI шэрджэс щIалэ зыбжанэ си ныбжьэгъущ сэ. Сэ фIыуэ сощIэ а лъэпкъым пщIэшхуэ зэриIэр. Мыбы щыпсэу адыгэхэм щIэныгъэ ябгъэдэлъу, акъыл жан яIэу, щэнхабзэ лъагэр я Iэпэгъуу щытщ. Къалэшхуэхэм Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм щыпэрытщ ахэри, ныбжьэгъу ирехъу е ауэ къыбдэлажьэу арами, сыткIи уи дзыхь ебгъэз хъуну, жиIа псалъэм тетыжу апхуэдэщ. Гъуэгум ущрикIуэ щыхъукIэ, адыгэхэмрэ тыркухэмрэ я къуажэхэр зэхыбоцIыхукI, я унэ щIыкIэкIи, я къабзагъкIи къахощ.

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: