Адыгэхэм ерыскъым мыхьэнэшхуэ ират

Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ Iэщ зэрахуэ, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу лы яшх, ауэ ди нэхъыжьхэм хъысэпыл зыIуагъахуэу щытакъым. Унагъуэм щыфIагъэж псэущхьэмрэ лы комбинатхэм щаукIымрэ зэхуэдэкъым. Унагъуэ Iэщыр фIыуэ ягъашхэ: хуэнщIей гъущэ ират, псы ирагъафэ. ФIагъэжа нэужь апхуэдэ Iэщым и лъыр нэхъ щIокI, и кIуэцIыр гъэкъэбзэгъуафIэщ, и фэри нэхъ токI. Ар зыхуей хуэмызэмэ, ягъэгужьеяуэ фIагъэжамэ, и лъынтхуэхэр къуза мэхъури лъыр щIагъуэу щIэкIыркъым. Апхуэдэ Iэщым и лыр плъыжь-фIыцIафэщ, щагъавэкIи лэпсым тхъурымбэ куэд трещIэ.
Лым витамину А, В, В2, Д, РР хэлъхэщ. Витамин С-р зыхэлъыр кIуэцIращ. Лыр белокхэмкIэ, минеральнэ пкъыгъуэхэмкIэ къулейщ, абы ерыскъыгъуэ куэд къыхащIыкI. Ар ягъавэ, ягъажьэ, ягъэгъу, ягъэгъупцI. Лы гъэгъуар Iей мыхъуу куэдрэ щылъщ.
Былымылри мэлылри бгъэгъу хъунущ. Ягъэгъу дзажэр, блатхьэр, куэр, къупщхьэр зэрыхэлъу. Лыр ягъэгъун и пэ къихуэу яупIэ, лъэныкъуитIымкIи шыгъу щахуэ, итIанэ хьэкъущыкъу лам иралъхьэ, и щхьэр трапIэри щIыIапIэм щагъэув зы жэщ-махуэкIэ, нэхъ зэхэшыпсыхьын щхьэкIэ. ИужькIэ лы шыуар хьэкъущыкъум кърахыжри пхъэкъу ират, нэхъ зэкIэщIэхауэ, захуэу щытын, псыри щIэжын щхьэкIэ. Лы шыуар лъагапIэм, жьы зэпихум деж пщыхьэщхьэм щыфIадзэ. Апхуэдэу пщIымэ жэпхъауэ нэху къокI. ИтIанэ лыр къыфIахыж, тепщэчышхуэм иралъхьэ, бинт трапIэри щIыIапIэм ягъэув пщыхьэщхьэ пщIондэ. Пщыхьэщхьэм лы шыуар лъагапIэм фIадзэри нэху кърагъэкI.
Абы иужькIэ лы гъэгъупцIар дыгъэ къытепсэу фIэдзапIэм фIагъэлъщ, нэхъри гъун щхьэкIэ. Бадзэ темытIысхьэн щхьэкIэ псори зэлъагъэIэсу сэхуран дагъэ гъэжьа щахуэ е абы и щIыIум нартыху хьэжыгъэ трагъэщащэри дыгъапIэм яхь, зэрыхуейм хуэдэу гъун щхьэкIэ.
Адыгэхэм пасэ зэман лъандэрэ джэдкъаз ягъэхъу. ХьэщIэ къэкIуамэ, джэдкъаз хуамыукIыу дагъэкIыжыртэкъым. ЦIыхубзхэр нэхъ зэрагъэхьэщIэу щытар джэдкъазылым къыхащIыкIа шхыныгъуэхэрт. Iэщым еплъытмэ, джэдкъазылыр нэхъ IэфIщ, нэхъ щабэщ, абы белокхэр, витаминхэр хэлъщ я дагъэри гъэткIугъуафIэщ. Абыхэм я лыр пщтыруи дияуи гурыхьщ. Джэдкъазылым къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр былымылым елъытауэ нэхъ гъэткIугъуафIэщ, нэхъ зэгъщ.
Джэдкъазыр бгъави бгъажьи хъунущ, ауэ я жьагъ-щIагъкIэ зэхэгъэкIын хуейщ. ЩIэр  бгъэжьэну нэхъыфIщ. Ар щIэх дыдэу мавэри лэпс къыщIэвыкIыркъым, езыр IэфI хъуркъым, зэпкъроху. Джэдыжьыр гъэвэн хуейщ, ар бгъэжьэным зэман куэд ехь, жьа нэужьи гъущэ мэхъу, шхыгъуейщ. Абы и лэпсыр IэфIщ, и щхьэм къытрищIэ дагъэм мэ гуакIуэ иIэщ. АбыкIэ ящI шыпсыр шатэкIэ ящIым нэхърэ нэхъ IэфIщ. Джэд лэпсым цIыху сымаджэр ирагъафэу щытащ. Джэдыжьыр ягъэжьэну мурад ящIамэ, ныкъуэвэ щIауэ, итIанэ гъэжьэн хуейщ. Адакъэжьри апхуэдэущ зэрагъэхьэзырыр. Абы и лэпсыр къагъэсэбэпыркъым, фIыцIафэу, мэ гурымыхь къыхихыу, ткIыбжьу щытщ.
Джэдылымрэ гуэгушылымрэ елъытауэ, къазылри бабыщылри нэхъ плъыжьыфэ-фIыцIафэщ.
ГъавэхэкIхэр сэбэпышхуэщ цIыхум ишхыну. Къапщтэмэ, хур, хьэгулывэр, тхъуийр, прунжыр. Абыхэм куэду хэлъщ крахмал, белок. Абы нэмыщI витаминкIи къулейщ, къапщтэмэ витамин В, Р, Е-хэмкIэ. А гъавэхэкIхэм къыхащIыкIа шхыныгъуэхэм хуабжьу къэуатышхуэ ящIэлъщ, псом хуэмыдэу шэрджэсхэм къагъэсэбэп хур, нартыхур, джэшхэкIхэр, хьэгулывэр, нэгъуэщIхэри. Шэрджэсхэр лым къыхэщIыкIа шхыныгъуэкIи ерыщхэщ, ауэ лыр гъэткIугъуейщ. Лы пшэрым, гъэгъуам, гъэгъупцIам къыхащIыкI шхыныгъуэхэр гъэжьауэ, гъэвауэ. Абыхэм пIастэ, мырамысэ, чыржын, хьэлIамэ, мэжаджэ дамышхмэ, лыр гъэткIугъуей мэхъу. ЛыхэкIыр шхалъэм хуабжьу къохьэлъэкI щIакхъуэ, лэкъум дэпшхмэ. Абы кIэтIийр екудэри цIыхур ныкъуэдыкъуэ ещI.

Къубатий Борис.
Поделиться: